Шогенцуков Али - Нанэ
Уэ пщIэрэ уи щIалэ цIыкIур
Хы Iуфэм щепэзэзэхыу?
ЩIыпIэ хамэм анэ-адэншэу
Къуршыжьхэм ар къыхуэбанэу?
ЩыIэкъым мыбы зы махуи
Iуащхьэмахуэ сигъэлъагъуфу,
ЩыIэкъым мыбы зы ани,
Нанэ, уэщхьу Iэ къыздилъэфу.
Шогенцуков Али - Къамботрэ Лацэрэ
Нобэ хуэдэу адыгэкъуэр
Пшэм пхылъэту щытыгъакъым,
Къимыгъазэу щIыри хыри
ЗэпиупщIу ар къэсакъым.
УафэхъуэпскIи нэху хишакъым,
Псышхуэ Iэли игьэсакъым,
Къуэш фIэхъуси уафэ джабэм
Бгъэшым тесу къыщитакъым.
Абы ищIакъым пщым я джатэу
Лъэпкъ гъэкIуэдыр фIадзэжыну,
УнэIутхэр чо хухьахэм
КъыдэкIыфхэу зэплъыжыну.
Нобэ и быну хыр зи Iэпэм
Къыдэджэгур ущыIакъым,
Къызбруным цIыхухэр пхауэ
Щырадзыхыуи уэ плъэгъуакъым.
Шогенцуков Али - ЩIымахуэ Жэщ
Жэщ губжьащи, жьы зэпихум
«Бадзэ» хужьыр къырехьэкI,
КъуакIи тафи къимыгъанэу
Джэбын хужьыр къырешэкI.
Ауэ щыIэщ жьым, борэнхэм
Зи уэрэдыр дежьууф,
Уэсыжь укхъуэр жьы зыIэтыр
ЩIэнэкIалъэу зыубыдыф.
Шогенцуков Али - ТекI бжэщхьэIум
Махуэр уейщи, жьы зэпихум
Хуарзэу уэсыр къырехьэкI,
КъуакIи тафи къимыгъанэу
Джэбын хужьыр къырешэкI.
Зэман кIэщIкIэ борэнышхуэм
Дуней псори игъэщтащ,
Тафэм хуэфIу мыл Iув пхъафэр
Нэр тепщIыпщIэу тырилъхьащ.