Top left design element Top right design element
Главная Музыка и Видео Галерея Статьи Блог Ссылки Форум Почта Контакты Регистрация Вход
Музыка/Видео » Адыгская музыка » Кардангушев Зарамук » Кардангушев Зарамук - Песня о Кушхове Жамботе
 
 
| Размер: 7,3 Mb | |--> Загрузок : 3594 | Рейтинг: 5.0/26 | | 06.09.2010 |
Къэрдэнгъущ1 Зэрэмык1у - Къущхьэ Якъубрэ Жэмботрэ я уэрэд 
 
Дэ дыкъущхьэт, къущхьэм и жьанэм жи уей дыщалъхур.
Дэ дыкъэзылъхугъэри дыщэкI унагъуэти уей мэунэр.
Дыунэнщ жыдоIэр иджы Дохъутэмыщей тIэкIумэ уей дыдохьэ.
Дэ дызыдыхьам иджы ди чэнджэщэгъухэри уай димыIэ.
Дохъутэмыщхьэ диIэт иджы, дэ ди нэ ди псэмэ уей къылъохъур
ЗэшитIу дыхъурти, шыхъуэ-шыхэпщурэ уей дыраIэт.
ЩIым къэса закъуэмэ, ди анэжь тхьэмыщкIэри уэр и бынжэпыбзкъэ.
Къалэм ущыкIуэкIэ, щIакIуэм и фIыцIэри пщIыпщIу пхузетхьэрт.
Унэм укъэкIуэжмэ, шагъдийм и джабэри щIэтлъэщIыкIырт.
Мэрем жэщыр къосыри, «Жамбот!» - жиIэурэ уой зы къоджэр.
Абы и джэ макъымэ Нэгурэшу дахэр жи уей доушыр.
Къимыгъэушынуэрэ шхыIэным и кIапэр жи уей хущIеупщIэр.
Жамбот лIы пхъашэти, ар лIы мышынэт иджы, уей щолъэтыр.
Зы лIы и фащэкIэ Къущхьэ Жамботмэ уей зехуапэ.
Нэгурэшу дахэр жи къыщылъэтауэрэ уей мэлъаIуэр:
- Ныжэбэризэмэ уэ ущIэмыкIынкIэрэ ей солъэIур!
Ар зи джэ макъымэ фIы игу имылъкIэрэ, сэ си тобэщ! –
МафIэгъуэ дэпри фочым и пащIэкIэ уай къыщIетхъур.
Гынжьейм и пхъашэри, шыгъу кIанэм хуэдэурэ, тырегъащхьэ.
Жэхафэгум щехкIэрэ Нэгурэшу дахэр жи ай поувыр:
- Сэ хьэтыр сиIэмэ, щхьэлъанщIэм папщIэкIэ уей къэгъанэ!
Ар зи джэ макъымэ фIы игу имылъкIэрэ, сэ си тобэщ!
- Ей, Нэгурэш, Нэгурэшу дахэ жи, ар сэ къызжумыIэ:
Лъхукъуэщо къэджамэ жи, сыт напэр сиIэурэ уей сыIуплъэжыну?
Бзэджэнаджэ къаджэмэ, нэджэIуджэ сищIынщ жысIэу, сышынэн, жи?
Уэ уи кIэ къуащIэкIэ сыт хуэдиз махуэкIэ уей супIын, жи?
Жыгей бжэIулъэри Iэгум и дакъэкIэ уей IуегъэпкIыр.
Фоч гъэпкIар иIыгъыурэ Къущхьэ Жамботыри уей ныщIокIыр.
ФIыцIагъищыр бзаджэурэ лъхукъуэщом и гуэщмэ уой щIопкIэжыр.
ХьэщIэщыжь кIыфIри фоч фIыцIэ пащIэкIэ уей щIещыкIыр.
Абы щимыгъуэтуэрэ Къущхьэ Жамботыри уей щIокIыжыр.
Ахьмэтым и жьэгури фоч фIыцIэ пащIэкIэ уей щIыщыкIыр.
Абы щимыгъуэтмэ Къущхьэ Жамботыри уей къокIуэжыр.
Мы вэгъуэ удзри сыхьэт фIэкIыхукIэрэ уей къеубэ.
А лъэхъэнэ дыдэмэ я хьэ гъуабжэжьри уей бгъэдохьэ.
- Уей хьэ гъуабжэжьурэ хьэм яшхыжын жи, дэнэ ущыIат уэ?
Мэзым дыкIуамэ жи, вы щIэттIыкIахэри уэ тхуэбгъэхъурт;
Унэм дыкъэкIуэжмэ, бжьэ Iэщын матищэмэ уэ урахъумакIуэт.
Ныжэбэризэмэ мыбы къэкIуа закъуэри уэ щхьэ умыщIарэ?
Фочым и пащIэкIэ хьэ пэриижьмэ уей жьэхоуэ.
Хьэ гъуабжэжьыфIмэ зишхыхьыжыххэурэ уай йожажьэ.
Хьэ пэриижьри лъхукъуэщом я гуэщмэ уай ныщIохьэр.
Шухьэ цей къуащIэри и жьэм жьэдэлъурэ уай къыщIехыр.
Шухьэ цей къуащIэри Жамбот и гуфIакIэмэ уай деупщIэ.
Къущхьэ Жамботыри лъхукъуэщом и гуэщмэ уай ныщIохьэ.
ГупхъэтIэкIу пащIэмэ шэ упщIэтар иджы уей зэпхырегъэдзкъэ.
Фочауищым бзаджэурэ къызэдагъэпсри уай къыздоуэр.
Гъатхэ хьэпшыруэрэ Къущхьэ Жамботыри уай зопщыпщэ.
Мы фоч макъымэ Нэгурэшу дахэр жи ей дохыщIэр.
Унэ къыщIохьэжри, шыгъуэгу щхьэгъубжэмкIэ уой йожэкIыр.
- Ей Екъуб, уи къуэшыжь закъуэри ей щыIэжкъым!
- Уэ си нысэу псэ жи, сытуэрэ Iейуэрэ укъызэщыхьэкIуэт!
ЩхьэпцIэрэ лъапцIэурэ, фоч пцIанэ иIыгъыурэ уей къыщIожыр.
Къущхьэ Екъубри Дохъутэмыщхэ дежкIэрэ уей ножэкIыр.
- Уей си къуэшыжь закъуэ, уай дуней, сытхэр къэхъуа, жи?
- Абы къэхъуа лажьэмэ, уай маржэ, уэ ущIэмыупщIэ.
Уэ уилъ пщIэжынумэ, хьэ банэ макъымэ уай ирижэ!
Ар пхуэмыщIэнумэ, Дохъутэмыщхэ дежкIэрэ уай сехьэкI, жи:
Сэ тхьэ сыгъаIуэ жи, я джэд нэхъ мыхъуми, сэ силъ сщIэжынкIэ!
Жамбот къыщIенэри, Къущхьэ Екъуб жи Дохъутэмыщхэ ножэр.
Я хьэщIэщыбжэри фочым и пащIэкIэ уай Iуеудыр.
Я хьэщIэщыжьмэ джэгуакIуэ Исупри уай щыжейрт, жи.
ЛIы пцIанэ хэлъымэ Екъуб и фочри тырегъапсэ.
Исуп щолъэтри Къущхьэ Екъубмэ уей къолъэIур:
- ХамэлъкIэ уилъ умыщIэжынумэ, маржэ, сэ сыхьэщIэщ.
Дэхьа-дэкIакIэрэ ар ныщеупщIым жи, тхьэ къыхуеIуэ.
Абы къыщIокIыжри Дохъутэмыщхэ унэмкIэ уей ножэкIыр.
Я тэхъуанэбжэри2 фочым и пащIэкIэ уей Iуеудыр.
Жэхэфэгум тетуэрэ псы лэгъупышхуэри уей къыщIекIэ:
ПкIэм ныдолъейр иджы, хьэпшыпу телъыр зэбгредзыр.
Зыкъыредзыхри, я лIыжь-фызыжьхэри уей къыщехур.
- Ныжэбэ IуэхукIэрэ къыдэхьи-дэкIи дэ дымыщIэ.
Уэ фи фIыр дифIкъэ, уи бийр ди бийщ! – жари тхьэ къыхуаIуэ.
Екъуб къокIуэжри, и къуэшыр лIауэрэ уей IуощIэжыр.
Жамбот и хьэдащхьэмэ Къущхьэ Екъубмэ псалъэ щетыр:
- Къыплъыса лейри сымыгъэгъункIэрэ, сэ тхьэ соIуэ!
Къуэшыр щIелъхьэжри, махуищ даущмэ3 ар къыхэткъэ.
ЕплIанэ махуэмэ Екъуб щыдэкIмэ, и анэр кIэлъоджэ:
- Лъы зэращIэжри мис мыбы хуэдэщи, уэ къедаIуэ:
Уи адэм къыщIэнауэрэ гупэщIэлъ къамэри уэ зыдэщтэ.
Зэуам фIэмыкIыурэ адэ фокIэщIри къыумыгъанэ.
Уи фоч кIыхьитIмэ гынжьей Iэбжьыгури уэ икIутIэ.
ФокIэщIыр гъуапэмэ уэ къигъэжи бийм теубыдэ.
Абы къыфIэкIмэ, маисэ къамэри уей щIэщхъункъым.
УкъыщIэпхъуэжрэ уэ укъакIуэжми, узибынкъым.
Екъубу хахуэри Налшыч къалэжьмэ уей ныдохьэ.
ТIэкIу едзэкъэнурэ зы шхапIэ гуэрмэ уей ныщIохьэ.
ПщафIэм бгъэдохьэри: - ПсынщIэу сыгъашхэ, жи, - ныжыреIэ. –
Ажафэ техынри къыспыщылъщи, сэ сопIащIэ!
А шхапIэ дыдэмэ джэгуакIуэ Исупри уей щохьэщIэ.
Зыкъыхуегъазэри Къущхьэ Екъубмэ къыжыреIэ:
- Ей Екъуб, Екъуб цIыкIуу хахуэ жи, лIы фIыцIэ ябгэ!
Уэ уи ажафэри, уэ зэгъащIэ, ар техыгъуейщи, жи.
Уэрэд пхуаусынри, уэ улIыгъэншэмэ, ари тыншкъым.
Сыноплъыжыпэри уи бзэгу нэхъ папцIэ жи уэ пкIэрылъкъым.
Сытыгур уиIэурэ уэ убатэт, Екъуб лIы фIыцIэ? –
Екъуб шхэхункIэрэ хэку тетым бзэгухэри уей хуагъэсыр.
Шхэн имыухыурэ тетым и лIыкIуэхэр уей къегъэсыр:
- НакIуэт, нэтэджыт, ажафэ техри, уэ нэхъейт, жи!
Тетыр къыпхуейщи, и губжьу бзаджэмэ дэ дыщIехуэ. –
Екъубу хахуэмэ тетым и лIыкIуэхэм яжыреIэ:
- Шхэн сыухакъыми, си Iуэху зэфIэкIмэ, сынэкIуэнщ, жи. –
Хэкум и тетмэ ар хуагъэсыжри уей мэхъущIэ.
Ар мэгубжьыпэри и дамэщIэтхэри уей къыщIехур:
- Хьэм къилъхуа цIапIэри зэкIуэцIыпхауэрэ уей къысхуэфхь, жи!
ЕтIуанэ гуэрмэ тетым и лIыкIуэхэр пщIэншэу мэкIуэжыр.
- Iэщэр къытефх! – жери абдежым щытхэмэ ящIокIие.
Къущхьэ Екъубмэ: - Фэ фи мыхьэдэр фымыгъей! – жи.
Тетыр къокIуатэри ауэ щыт гупмэ яжьэхолъэ:
- Уэ фIыцIэ цIыкIуурэ Дохъутэмыщ майормэ и псэ лъыхъур! –
И щопщ тIууащIэмкIэ Екъуб еуэну уей зешэщIыр.
Екъуб фокIэщIри къырегъэцIэфтри уей хуеший, жи.
Тетыжьыр мащтэри, шхапIэм щIэт стIолмэ уей тощахэ.
Къэдабэ шэнтмэ и лъакъуэ шахэри уей щIегъащIэ,
ПкIэлъейм йохуэхри, дзапэфIанищри уей Iуегъащхьэ.
КъыщIокI Екъубри, уэрам зэв гуэрымкIэ уей ныдохьэ.
Уэрамыр ятIэми, лъэс лъагъуэ закъуэр уей ныпхокI, жи.
ПщIэгъуалэ къуапцIэмэ майорыр тесурэ уей къыпхокIыр.
Екъубу щауэмэ, шур къамыс щIыкIэрэ, ныжыреIэ:
- Уэ шы утескъэ, сэ сылъэсщи, уэ дэгъэх, жи! –
Шыр димыгъэхыурэ Дохъутэмыщ майорри Екъуб бгъэдохьэ.
- ИлъэсыщIэу къихьэмэ унэзмыгъэсурэ уэ услIынщ, жи!
Екъуб лIы пхъашэти, и фокIэщIыжьри уей къырехыр.
Пщы майор бзаджэмэ иреубыдылIэри уей жьэхоуэ.
Шэ мыубзэщхъужти, Дохъутэмыщ майорри шым йохуэхыр.
Къамэр къырехри и гу бзаджэри уей кърехыр.
Бжэгъу щхьэкIэ гуэрмэ гур ныфIеупцIэри уей ножьэжыр.
Пхъэр зэрогъэхъури, Къущхьэ Екъубмэ иужь йоувэ.
Къайуэ зэпытурэ, Екъуб чэщанэмэ уей яфIохьэ.
Бгъэдэхьэфынурэ зылI къахэмыкIыурэ къызэтреукIэ.
Ар щымыхъужмэ, къалэм топыжьри уей къырашыр.
Ягъэшынэнурэ, гын фIэкI имылъуэ, уей зэ мауэ.
Щахуэмышынэмэ, топым и шэрхъыр уей щIым хатIэ.
Яузэдыжри, щIыгур дэпсалъэуэ уей ягъауэ.
Чэщанэ быдэри топышэ гуащIэмэ уей долъалъэ.
Къелъэлъэхахэми Екъубу хахуэри уей дощахэ.
Екъуб и укIыкIэри и анэжь тхьэмыщкIэмэ уей зэхехыр.
- Ей Нэгурэш, уи пшынэр къащтэ жи, сыкъэгъафэт! –
Нэгурэшу дахэмэ и пшынэр къещтэри къафэ йоуэ.
ЛIыгъэу Екъубмэ ищIам хуэгуфIэуэ и анэр щэ къофэ.
ЛIыгъэу Екъубмэ ищIам хуэгуфIэуэ и анэр щэ къофэ.

 
 Литературэр:
Адыгэ уэрэдыжьхэр. Зэхуэзыхьэсыжар КъэрдэнгъущI Зырамыкущ. 
Налшыч, 1979, н. 192-194 (№31

Теги: тохтамышев, кардангушев зарамук, кушхов жамбот
Похожие песни:

Top left design element
Top right design element