Top left design element Top right design element
Главная Музыка и Видео Галерея Статьи Блог Ссылки Форум Почта Контакты Регистрация Вход
Музыка/Видео » Адыгская музыка » Кардангушев Зарамук » Кардангушев Зарамук - Хьэтх Мыхьэмэт и уэрэд
 
 
| Размер: 7,8 Mb | |--> Загрузок : 1971 | Рейтинг: 5.0/9 | | 08.09.2012 |
Едгъажьэмэ, бэрэ Iумахуэт,
Къигъэзэжмэ, ди махуэгъитIт!
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыфIэмэ -
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт!
Сэ зы махуэкIэрэ уэ укъэзгъуэтыжтэмэ,
Сабий джанэншэхэм захуэпэжынт!

Зи пщIэгъуалэр къуршыщхьэм щызекIуэ,
Зи зекIуапIэри зи гупсысапIэ!
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
И къуэ закъуэкIэ ди Мыхьэмэтт!
Езы Алыхьым сэ укъызитыжтэмэ,
Бжьыхьэ жэщ кIыхьыр жеипэ закъуэкIэ уэзгъэкIунт!

Махуэр хъумэ, гъыбзэр соус,
Жэщыр хъуамэ, согузэсэж,
Ар зи закъуэмэ сытхэр и махуэ,
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэт!
Сэ зы махуэкIэрэ уэ укъызитыжтэмэ,
Данэху-данапIэу си пIэ щIыжыгъэм ущызгъэжеинт!

Сэ уи унэм сыщIумыгъэсыми,
Сэ уи хьэщымэ зыщызгъэлIэнут!
Ар езыр хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьмэтт!
Алыхь, алыхь, сэ укъызитыжтэмэ,
Данэху-данапIэу си пIэ щIыжыгъэм ущызгъэжеинт!

Брулыжьыр бэрыжьеяфэт,
Ар зи афэри бдзапцIэшэ Iунэ?
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт!
Ар зы махуэкIэрэ сэ укъэзгъуэтыжтэмэ,
Ди мэжэщIалIэхэм загъэнщIыжынт!

Зи анэжьыр щхьэлъащIэ уэс,
Зи щуIэгъри бгъафэ чэсей,
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт!
Сэ зы махуэкIэ уэ укъэзгъуэтыжтэмэ,
Добракъыбгъэурэ бжьэубгъэ быдзым ущызгъэжеинт!
 
Зи шыпхъу цIыкIур зыхуэбзэгуфIэ,
ЩуIэгъэфIри зыфIагъэкIуэд!
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт!
Сэ зы махуэкIэрэ уэ укъэзгъуэтыжтэмэ,
Данэху-данапIэм ущызгъэжеинт!

Дзажэжьхэр зыхуагъэхъыжьэ,
Фо махъсымэри зыхуагъэжабзэ!
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт!
Сэ зы махуэкIэрэ уэ укъызитыжтэмэ,
Бжьыхьэ жэщ кIыхьыр жеипэ закъуэкIэ уэзгъэгъэкIуэнт!

Индылыжьым и нэр къыщопкI,
ЗэпрокIри шыбэр къреху!
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт!
Езы Алыхьым сэ укъызитыжтэмэ,
Мы дуней зылIти узизгъэIэнт.

Зи пщIэгъуалэр нэзкIапэщIэплъ,
Зи щуIэгъэм хуемыплъэкIыж!
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт!
Алыхь, алыхь, сэ укъызитыжтэмэ,
Сабий джанэншэхэм захуэпэжынт!

Зи пщIэгъуалэр къуршыщхьэм щыджэгу,
Хур хъыджэбзхэр зи дэджэгуэгъу!
Ар езыр хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт!
Сэ зы махуэкIэ уэ укъызитыжтэмэ,
Мы дуней зылIти узизгъэIэнт!

БланэшкIэхэр зи хьэщIэныш,
Бланэшэхэр зи Iэпэшыпс!
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
Хьэтх гъуазэм и къуэкIэ ди Мыхьэмэтт!
Езы Алыхьмэ сэ укъызитыжтэмэ,
Мы дуней зылIти узизгъэIэнт!

Зи пщIэгъуалэр данэ сокупцIэ,
Зи афэр бдзапцIэшэ Iунэ!
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, -
И къуэ закъуэурэ ди Мыхьэмэтт!
Сэ зы махуэкIэрэ укъызитыжтэмэ,
Данэху-данапIэурэ си пIэ щIыжыгъэ ущызгъэжеинт!
Теги: кардангушев зарамук, Къэрдэнгъущ1 Зырамыку, Хьэтх Мыхьэмэт
Похожие песни:

Top left design element
Top right design element