Top left design element Top right design element
Главная Музыка и Видео Галерея Статьи Блог Ссылки Форум Почта Контакты Регистрация Вход
Блог » Адыгэ бынхэм я кIуэдыкIэ (гъыбзэ уэрэд) »
22:25
Адыгэ бынхэм я кIуэдыкIэ (гъыбзэ уэрэд)

АДЫГЭ БЫНХЭМ Я КIУЭДЫКIЭ


    Адыгэ уэрэдыжьхэм я гъэпсыкIэм тету яусащ «Адыгэ бынхэм я кIуэдыкIэ» гъыбзэри. Зытеухуар 1948 гъэм екIуэкIа журт-хьэрып зауэм хэта адыгэ зауэлIхэрщ. Мы гъыбзэри Уджыхъу Ихьсан Щхьэлахъуэ Iэбу иригъэтхыжахэм къахэтхащ.
    Щхьэхуитыныгъэ зыгъуэта хьэрыпхэр я къэралыгъуэр гъэбыдэным еужьэрэкIыу и ужь итт, я щIыналъэр яубыдыну журтхэр къыщежьам щыгъуэ. Абы ирихьэлIэу Франджым дзэ академие къыщызыуха Анзор Джэуад Ракъкъэ къалэм щыпсэу и адэ-анэм я деж къэкIуэжат. Ауэ щIалэм къыхуиухатэкъым зыхуэзэша и Iыхьлыхэм гу ящихуэху ябгъэдэсыну ар псынщIэу дзэм ираджэжащ. Джэуад унафэщI хуащIащ еIэепхъуэкIэ къызэрагъэпэща «шэрджэс батальоным».
    Анзор Джэуадрэ Шурдым Ихьсанрэ я къыхуеджэныгъэкIэ «шэрджэс эскадроныр» шу 800-м нагъэсат. Абыхэм лъэщу къадэIэпыкъуащ мы гъыбзэм зи цIэ къыхэщ Хьэлау Абдул-Къадыр, ГъукIэлI Абдул-Рауф, Ансокъуэ Издин сымэ. «Шэрджэс шуудзэр» Сирием и дзэ бригадэм щынэхъыфI хъуат. Ар хахуэу щызэуащ Самахь, Тель-Риш, Тель-Азизиат, Дагъание, Дар-Дарэ щIыпIэхэм. Тель-Риш быдапIэр къыщащтэм адыгэ зауэлIу 22-рэ хэкIуэдащ, 25-рэ уIэгъэ хъуащ.
    Псом хуэмыдэу зауэ гуащIэ щекIуэкIащ Тель-Азизиат Iуащхьэм. Мыбы журтхэм хуабжьу зыщагъэбыдат. Iуащхьэм Сирием и армэм и командующэ нэхъыщхьэ полковник Хъусни аз-Заим я пашэу хьэрыпыдзэр ебгъэрыкIуащ, ауэ хэщIыныгъэшхуэ игъуэтауэ къикIуэтыжащ. Иужьым а къалэн гугъур Анзор Джэуад и шуудзэм и пщэ къралъхьащ. Тель-Азизиат лъагапIэм тет Къэхьуэш жылагъуэр щIытIхэр, щIыунэхэр, щIы щIагъ хъумапIэхэр зиIэ быдапIэ журтхэм ящIат. Джэуад щIыпIэм щыгъуазэ зыхуищIщ, бийм и тIасхъапIэхэр зригъащIэри и зауэлIхэр иришэжьащ. Езыр япэ итт: «Маржэ, фыкъимыкIуэт! Маржэ, фыкъимыкIуэт!» жиIэу. И тутынри Iурыст, шэ къыстехуэнщ жиIэуи зигъэщхъыртэкъым. Джэуад и «шэрджэс шууейхэм» Къэхьуэш къащтэри, адэкIэ кIуэтащ. А зауэм папщIэ Анзор Джэуад «Сирием и лIыхъужь» цIэр къыфIащащ, «Мушахь Умая» щIыхь лентIри къратащ.
    Гуузщ лIыхъужьыр зытекIуэдэжа щхьэусыгъуэр жыпIэну. ЩIалэр егъэлеяуэ тутын ефэрейт. Жэщ гуэрым тутын ефэну щIыунэм къыщIэкIауэ, нэхум гу къылъитэри бийр топкIэ къеуащ. Топышэ къутахуэхэм яхьащ адыгэлI щэджащэр, хьэрып лъахэм и лIыхъужьыр.
    Анзор Джэуад и цIэр мыкIуэдыжын ищIащ ар зыхуэзэуа лъэпкъми абы и цIэр зэрехьэ Дамаск и уэрам нэхъ дахэ дыдэм. Дэри къытхуэнащ хамэм шапэIудз хуащIу къекIуэкIа адыгэ бынхэм я кIуэдыкIэ хъуам теухуа гъыбзэр.

Рэу-уей, уэтIымей фочыжь гущэри
Фи плIэ тIэкIум къыфхураблэкIри,
Зи псэ IэфIым емыблэжа гущэри
Хьэлау Абдул-Къадыр мыгъуи фыадыгэ кIуэдт.

Рэу-уей, ди Абдул-Къадыр цIыкIу гущэми 
Ныбжьэгъухэм IуэрыIуэдз захуещIри, 
«Зауэ» жаIэм, зызымыщIэжа гущэри 
ТIэшхэ я Мэдин мыгъуи фыадыгэ кIуэдт.

Рэу-уей, хьэрып мэджахьед гущэми 
Бийшэм зыкъыдегъазэри,
Япэу шэм зыхуэзыгъазэ гущэри 
Абазэ Гъаний мыгъуи фыадыгэ кIуэдт.

Рэу-уей, хьэрып лъакъуапцIэ гущэри 
Динар парэкIэ ящэри.
Динар лъыпсыджэр къэзыщэхуа гущэри 
Адыгэ бынхэра мыгъуи фыадыгэ кIуэдт.

Рэу-уей, уэтIымей бэракъ гущэри
Жьыбгъэ мащIэм зэрехьэри, 
Хабзэм фыкъимыхьыж гущэурэ
Фи хьэдэр къытхуахьыжа мыгъуи фыадыгэ кIуэдт.

Рэу-уей, Анзор Джэуад гущэми
Дзэ пашэу зауэр еублэри,
Уащхъуэдэмыщхъуэу зауэр зыублэ гущэри 
Ансокъуэ Издин мыгъуи фыадыгэ кIуэдт.

Рэу-уей, фи шыщхъуэ цIыкIу гущэхэри
Хы Iуфэм щывогъэджэгури, 
Зи псэ IэфIым ириджэгуа гущэри
Хъалид Мыхьэмэт мыгъуи фыадыгэ кIуэдт.

 

ТIымыжь  Хьэмыщэ - Хэхэс дуней. IуэрыIуатэ тхыдэ къыхэхахэр (c)

Категория: История одной песни | Просмотров: 3014 | Добавил: Admin | Теги: зауэ, гъыбзэ | Рейтинг: 0.0/0
Top left design element Copyright AdygaAbaza.ru © 2024 Top right design element