Кардангушев Зарамук - Бадынокъуэ нарт хасэм къокIуэ (Бадыноко идет к нартам)

1. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи,
Нартхэ ди Бэдынокъуэ…
Ежьу: Уэрирэ, уэрирэ, уарира!

2. Нартхэ ди лIы икъугъэ…
Ежьу: Уэрирэ, уэрирэ, уарира!
3. Чынтыр зи ныкъуэкъуэгъуи…
4. Хьэрхуэрэгъу и бащэ…
5. И зы пкъыгъуэри пкъыгъуищэ!
6. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи,
И зекIуэнри къыщохьэ.
7. Ишми уанэ трелъхьэ…
8. Шы ныбэпхри щIекъузэ…
9. ЗэщIекъузэри ношэскъэ.
10. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи,
Нартхэ ди Бэдынокъуэ…
11. Нартхэ ди лIы икъугъэ…
12. ЛIыхъур ныдошэсыкIри.
13. Шы пэбзийм кърихумэ…
14. Гъуэгу напщIэр елыгъуэ.
15. Хьэ самыр кIагуитIри…
16. И бгъуитIым щоджэгумэ.
17. И бгъэ гъэсагъитIри…
18. И щхьэм щофэразэмэ.
19. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи,
Нартхэ ди Бэдынокъуэ!
20. И дамэ лъэныкъуэми…
21. Дыгъэшхуэр къыщопсымэ.
22. И дамэ лъэныкъуэми…
23. Уэсышхуэр къыщосмэ.
24. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи,
Нартхэ ди Бэдынокъуэ…
25. ПсыжькIэ кърогъуазэри…
26. ГъуазэкIэ кърыдокIри.
27. Псыжьуэ икIыгъуэншэри…
28. Шы джабэпс хуэмыхъуурэ.
29. ЛIыхъур зэпрокIмэ.
30. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи,
Нартхэ ди Бэдынокъуэ…
31. Нарт IэхъупIэми нытохьэ.
32. Нартхэ Iэхъуэми ныIуощIэ.
33. – Бэхъу апщий! – жреIэ.-
34. Нарт хъыбари сыгъащIэ.

Нартхэ я Iэхъуэр Бэдынокъуэм зэрыIуплъэу къецIыху. Iэхъуэр Бэдынокъуэ къыщогуфIыкI, къыщотхъу, абы щыгъуэми къыжреIэ, нартыжьхэр Сэтэней деж ефэ-ешхэу зэрыщIэсхэр, Нэсрэн ЖьакIэ тхьэмадэу, Сосрыкъуи яхэсу, нартыжьхэм джатэ кIэщIхэр я бгырыдзэну зэрыщызауэр. «Абыхэм пщащэ дахэ я къэфакIуэщ, уэ джэгуэгъу пхуащIынщи лей къуахынщ, си щIалэ, умыкIуэ!» – къыжреIэ.

35. – Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи,
Нартхэ ди Бэдынокъуэ…
36. Нартхэ ди лIы икъугъэ…
37. Зи щхьэр дымылъагъуурэ…
38. Зи гугъум дигъалIэ…
39. Бэлэрыгъ зекIуэкIэ!
40. Уи шыфэлIыфэри сфIэдахэщ…
41. Уи къэкIухьыкIэри си жагъуэщ!
42. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи,
Нартхэ ди Бэдынокъуэ!
43. «Фыз хъыбарщ» жумыIэмэ…
44. Зы хъыбари бжесIэнкъэ.
45. Алыджхэ я лъагъуэри…
46. Ар гъуэгу нэшэкъашэщ.
47. Алыджхэ я унэжьри…
48. Унэ хужь лъэбышэщи,
49. Абы зы гуащэ исщи,
50. Ар бажэ зекIуэкIэщи,
51. Унэ жыхафэгури…
52. Ар и тхьэмахуэкIуэщи!
53. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи,
Нартхэ ди Бэдынокъуэ…
54. Нартхэ ди лIы икъугъэ!
55. Сэтэнейми и ефэщ.
56. Санэхубжьэри я кIадэщ.
57. Вы ехъуари я нышкъэ.
58. Гъэлъэхъу пшэрри я шыпскъэ…
59. Нартыжьхэри зэхэскъэ.
60. Нэсрэн ЖьакIэри къыщыскъэ.
61. Сосрыкъуэри щIэсыххэщ.
62. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи,
Нартхэ ди Бэдынокъуэ…
63. Пщащэ дахи я къэфакIуэщ.
64. Абы ущеблагъэмэ…
65. Уэ джэгуэгъуи пхуащIынкъэ.
66. Нартыжьхэри щызоуэр.
67. Джатэ кIэщIхэри я бгырыдзэнкъэ.
68. Лей къуахынщ, си щIалэ! –
69. Iэхъуэ ц1ыкIумэ щыжиIэм…
70. Бэдынокъуэри мэгубжькъэ…
71. Дакъэжь мафIэу зэщIонэр.

Бэдынокъуэ абы къегъэгубжь, дакъэжь мафIэу зэщIонэри Iэхъуэжьым тохъущIэ. И хуарэ псыгъуэм йолъэдэкъауэри зэ пкIэм, зэ лъэуэ, зэ лъэм, умылъагъужу нарт къуажэмкIэ еунэтI.

72. – Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи,
Нартхэ ди Iэхъуэ жьэхъу…
73. Нартхэ ди жэмыхъуэжь!
74. Зы псыпцIэ сыIущIэмэ…
75. Си хуарэр хэнэныуэ.
76. Зы щауэ сыIущIэмэ…
77. СыкъыхигъэщIэнуэ
78. Щхьэ уэ къызжепIэххэ!?
79. Сы ефакIуэ-ешхакIуэкъым…
80. СылэгъунакIуэ щауэкъым.
81. Нарт щауэгъу солъыхъуэри.
82. Ем срилъыхъуакIуэщи…
83. ФIым сриIэщакIуэщ!
84. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи,
Нартхэ ди Бэдынокъуэ…
85. Нартхэ ди лIы икъугьэ…
86. Нартхэ жылэмкIэ егъазэ.
87. Ар и хуарэ псыгъуэри…
88. Зэ пкIэмэ, зэ малъэ.
89. Зэ лъамэ, плъагъужкъым.
90. Сэтэней и къуажэмкIэ…
91. ЛIыхъум еунэтIымэ…

Сэтэней и унэIутыр псыхьэ кIуэну ежьауэ шу къакIуэр елъагъу. Ар хэтми унэIутым къыхуэмыцIыхуу, щIолъэдэжри Сэтэней жреIэ.