Top left design element Top right design element
Главная Музыка и Видео Галерея Статьи Блог Ссылки Форум Почта Контакты Регистрация Вход
Главная » Статьи » Статьи

КъБР-м и Президент К1уэк1уэ Валерэ Адыгэ Дунейпсо Хасэм и ещанэ конгрессым щыжи1а хъуэхъу. 1996 гъ.

Ди къуэшыф1хэ, ди шыпхъу дахэхэ!

Л1эщ1ыгъуэ бжыгъэ тек1уэдами, насыпышхуэщ адыгэ псори къызэ-щ1иубыдэн, зэгуригъэ1уэн, къигъэщ1эращ1эжын мурадк1э илъэсих ипэк1э Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэгъэпэща зэрыхъуар.

Тыншщ нэгъуэщ1ым дагъуэ хуэпщ1ыну, Хасэм къехъул1ахэмк1э уехъурджэуэну. Дэ абы дыхуейкъым. Дэ къыдолъытэ Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэзыгъэпэщахэми, япэу а лэжьыгъэр къызэф1эзыгъэувахэми адыгэ лъэпкъ псом 1уэхугъуэ къабзэ хуалэжьауэ, тхы­дэм лъэужь дахэ къыщагъэнауэ.

Ди гуапэу дигу къэдгъэк1ыж хъунущ, зэманыр нобэ нэхърэ нэхъ гугъуу щытами, япэ Зэхуэсыр Къэбэрдей-Балъкъэрым, Налшык къалэ, зэрыщек1уэк1ар. Дрогушхуэ, мыхьэнэ нэхъ зи1эу а зэманым къэтщта унафэхэр мы1ейуэ гъэзэщ1а зэрыхъуам.

Дэ псори дызэхуэзышэсар лъэпкъым худи1э лъагъуныгъэмрэ абы къитэ-джык1 гупсысэхэмрэщ. Иджы, дызэреплъымк1э, зэф1эувэныгъэ зэманыр иухащи, Хасэм хузэф1эк1ынущ пщ1эшхуэ и1эу, адыгэ лъэпкъ псоми я сэбэп зыхэлъ, зэманым дек1у 1уэхухэр илэжьын. Куэдрэ жыдо1э адыгэм леишхуэ къызэрылъысар. Ар пэжщ. Ауэ блэк1ам к1э имы1эу ук1элъыпыхьэк1э, хьэмэрэ къэхъуа псомк1и зыгуэрхэр бгъэкъуаншэк1э зыми къигъэзэжкъым. Ап­хуэдэу щыщытк1э, блэк1ар тщымыгъупщэу, абы дерс къыхэтхыурэ, зэхъуэк1ыныгъэм къыдита 1эмалхэр къэдгъэсэбэпурэ, ди лъэпкъ мащ1эр зэ-ман гугъусыгъум хэщ1ыныгъэ имы1эу къызэрыхэтшынум, зызыужьа лъэпкъ­хэм щ1эныгъэк1э, узыншагъэк1э, 1уэху зехьэк1эк1э, зэгуры1уэныгъэк1э зэрыщ1эдгъэхьэжынум дыхуэбанэмэ нэхъыф1у солъытэ.

Сэ си пщэ схудэлъхьэжынкъым лэжьыпхъэ псоми я унафэ сщ1ыну, ауэ къызолъытэ щхьэпэу мыпхуэдэ 1уэхугъуэхэр.

Лъэпкъым и псэр анэдэлъхубзэращ. Анэ быдзышэ емыфэм хуэдэщ анэдэлъхубзэр зымыщ1эр. Аращ щ1энхабзэми, хабзэми, «менталитет» зыхужа1эми я лъабжьэр. Ар къилъытэри, Къэбэрдей-Балъкъэрым къищтащ адыгэбзэри балъкъэрыбзэри къэралыбзэу. Зэхуэдгъэк1уащ зэман к1эщ1ым къебгъэубыдыфыну 1уэхугъуэхэр — сабий садым къыщыщ1эдзауэ, ди университетми, академиеми а бзэхэр щегъэджыныр. Куэдым ды-хуэныкъуэми, нобэ щы1экъым щхьэусыгъуэ, зи щхьэм, зи лъэпкъым пщ1э хуэзыщ1ым и анэдэлъхубзэр зэримыхьэнымк1э. (Псалъэм къыдэк1уэу жыс1энщи, дэ Урысей Федерацэм етщ1ыл1а Зэгуры1уэныгъэм Урысейм и Президент Ельцинымрэ Правительствэм и тхьэмадэ Черномырдинрэ адыгэбзэ, балъкъэрыбзэк1э тха дэфтэрхэм 1э традзащ). Сэбэп хэлъу къыдолъытэ ди курыт еджап1эхэми ищхьэ еджап1эхэми ди лъэпкъым и тхыдэмрэ адыгэ хабзэмрэ программэм тету щегъэджын зэрыщ1эддзар.

Сызэрыщыгъуазэмк1э, Адыгейми Къэрэшей-Шэрджэсми апхуэдэ 1уэхугъуэхэр зэф1амыгъэк1ауэ, яужь итщ.

Ауэ бзэм и закъуэкъым лъэпкъыр зэрызэщхьэщык1ыр. Бзэр — псэмэ, нэр — дуней еплъык1эращ, 1уэху зехьэк1эращ. Мы 1уэхугъуэхэмк1э адыгэ псори дызыщ1эгупсысын ди1эщ: фадэм дихьэхари, хьэрэмым къулейсыз ищ1ари, мылъкум игъэпудари ди мащ1экъым. Гузэвэгъуэщ лъэпкъым ди набдзэу щыта ди бзылъхугъэхэр зыхуэк1уа гъащ1эр. Мэулъий ди хабзэри, ди нэмысри, ди сабий гъэсэк1эри. Нэхъ мащ1э хъуащ сабийуэ къытхэхъуэри. Апхуэдэ щыты-к1эм дик1ын мурадк1э дэ къетхьэжьащ 1уэхугъуэ зыбжанэ.

Лъэпкъым и гугъап1эр щ1эблэращ. Абы и узыншагъэмрэ и дуней теты-к1эмрэщ зэлъытар лъэпкъыр еф1эк1уэнуми к1уэдыжынуми. Дызэрыт илъэсым щыщ1эдзауэ ди мурадщ республикэм къыщалъху дэтхэнэ сабийми и ц1эк1э банкым ахъшэ хухэтлъхьэну. Балигъып1эм ирихьэл1эу ар ирикъунущ, къыте-мыхьэлъащэу унагъуэ зэрызэригъэпэщын е щ1эныгъэ куу зэригъэгъуэтыну-мэ къыщхьэпэн хуэдиз.

Щ1эблэ узыншэ лъэпкъым игъуэтынымк1э куэд елъытащ бзылъхугъэм и зэф1эк1ым. Ди мурадщ илъэсищк1э сабийм и узыншагъэр, гъэсэныгъэм и лъабжьэр зэф1эувэхук1э, ику ит улахуэ дэтхэнэ сабийми папщ1э анэм етту са-бийр едгъэп1ыну. Адэк1э дэ тхузэф1эк1ынущ илъэсищ ирикъуа сабий псо­ри сабий садхэм щагъэсэну, еджэныгъэм и лъабжьэхэм хагъэгъуэзэну, зэдэууэ псоми курыт щ1эныгъэ ядгъэгъуэтыну. (Урысей Федерацэм и Конституцэм итхэм къыщхьэщык1ыу ди пщэм дэтлъхьэжащ апхуэдэ къалэн).

Дыщогугъ, а 1уэхугъуэхэм сыт и лъэныкъуэк1и щ1эблэ узыншэ нэхъ уэру къытщ1агъэхъуэну. Зы лъэпкъи дунейм теткъым адрейхэм къак1эрыхуну хуейуэ. Ди гурылъхэр къыдэхъул1эмэ, ди мурадщ зигу изылъхьа дэтхэнэ зыми зэманым хуэфащэ щ1эныгъэ едгъэгъуэтыну. Ди уни-верситетым, ди академием, дэтхэнэ зы еджап1эми я бжэр яхузэ1ухащ ди къуэшхэм я быну ди деж щ1эныгъэрэ гъэсэныгъэрэ щызэзыгъэгъуэтыну зи мурадхэми.

Дыщогугъ ик1и дыщогуф1ык1 мы гъэм ЮНЕСКО-м и ф1ыгъэк1э «Нарт» эпосым дунейпсо цивилизацэм щыхуэфащэ увып1э зэригъуэтын 1уэхугъуэ зыбжанэ егъэжьа зэрыхъуам.

Гъащ1э хуэщ1ам и лъабжьэр эконо­микэ тэмэмщ. Iуэхугъуэ зэхэтлъхьахэм, «хэгъуэгу щхьэхуитым» къыдит 1эмалхэм дащогугъ ди республикэм ещанэ илъэс мин бжыгъэм хуэфащэу ди ц1ыхубэм я гъащ1эр къызэригъэпэщыфыну.

«Хэгъуэгу щхьэхуитым» къыдит зэф1эк1хэм мылъкук1э е щ1эныгъэк1э къыхэувэнумэ, адэжь щ1ыналъэм сэбэп хуэхъуну хуэпабгъэмэ, дыхьэзырщ ап­хуэдэ жэрдэмхэри ядэт1ыгъыну.

Мыхэр щ1ыжыс1эр димыхабзэу щхьэщытхъуныгъэк1э къыттек1уауэ хьэмэрэ тщ1эр тф1экуэду аракъым. Ат1э, нобэ лъэпкъ Зэхуэсу щыщытк1э чэнджэщэныр дэ зэдусыгъуэджэкъым, къуэш акъылрэ тегъэгушхуэныгъэрэк1э зыкъытщ1эвгъэкъуэну дыфщыгугъыу аращ.

Псори дыщ1охъуэпс ди зэпыщ1эныгъэр нэхъ быдэ хъуным. Нэгъуэщ1 къэралхэм щыпсэу ди къуэшхэм ехьэл1ауэ ди республикищым зыри зэран къытхуэхъукъым. «Суверенитет» псалъэр ди Конституцэм щиттха махуэм иужьк1э к1эщ1у ди япэ зэгуры1уэныгъэхэр ятщ1ыл1ащ ди къуэш Адыгейми, Къэрэ­шей-Шэрджэсми. А зэгуры1уэныгъэм псэ къыхэгъэхьэнымк1э куэду сэбэп хъуфынут республикэхэм щы1э Хасэхэри мыбдеж кърихьэл1а куэдри.

Ди республикэхэм я творческэ союзхэр, коллективхэр, экономикэм зи 1уэхур теухуа 1энат1эхэр сэбэп пылъу зэрыдгъэлэжьэфынум и щапхъэщ ди хэгъуэгухэм къыщыдэк1 газетищым — «Адыгэ псалъэм», «Адыгэ макъым», «Черкес хэкум» яку дэлъ зэпыщ1эныгъэр.

Зыхуэфащэм ф1ыщ1э хуэщ1ынри адыгэ хабзэм и 1ыхьэщ. Нобэ дгъуэта хуитыныгъэри зэф1эк1ри шэч хэмылъу.



Источник: http://archivesjournal.ru/?p=3719
Категория: Статьи | Добавил: Admin (17.08.2012)
Просмотров: 3839 | Комментарии: 1 | Рейтинг: 0.0 |

Top left design element
Top right design element