Top left design element Top right design element
Главная Музыка и Видео Галерея Статьи Блог Ссылки Форум Почта Контакты Регистрация Вход
Главная » Галерея » Личности » Купов Хаджи-Исмел (1852 - 1932гг., Заюково)

История [12] Карикатуры [4]
Карты [3] Культура [14]
Лошади [29] Личности [25]
Личное [5] Музыка [7]
Нартский эпос [3] Орнамент [143]
Оружие [5] Природа [0]
Спорт [2] Тамги / Дэмыгъэ [11]
Флаг / Нып [29] Юмор [11]

Купов Хаджи-Исмел (1852 - 1932гг., Заюково)

Стихотворение, написанное Куповым в 1913, и изданное в 1918г. в газете "Адыгэ Макъ"

Адыгэ жьуу

Мы пагэныгъэр сытым къыхэк1?
Дыкъызыхэк1ар сыт гъэщ1эгъуэн!
Дэ ди нэр маплъэ, Дэ ди лъэр мак1уэ –
Дызэрык1уэнум сыт я нэхъыф1?
Ф1ыгъуэшхуэ псори хьилмым къыхок1.
Дыкъызыхэк1ар сыт гъэщ1эгъуэн!
Къафкъаз щ1ыналъэм дэ дыкъыщалъху,
Ди къэлъхуныгъэм сытхэр и ф1агъэ?
Ф1агъэшхуэ псори хьилмым къыхок1.
Дыкъызыхэк1ар сыт гъэщ1эгъуэн!
Мы щ1ыналъэшхуэм дэ дрибынкъэ!
Зыл1 и бын хуэдэу дэ дыпсэункъэ!
Псэук1э дахэр хьилмым къыхок1.
Дыкъызыхэк1ар сыт гъэщ1эгъуэн!
Хьилмыншэ ц1ыхум сытыр и махуэ?
Махуэшхуэ махуэм сытыр и псалъэ?
Псалъэм и дахэр хьилмым къыхок1.
Дыкъызыхэк1ар сыт гъэщ1эгъуэн!
Ди щ1алэ къалъхухэр къалъхум я лъап1эщ.
Лъап1эгъуэ зи1эр 1эщ1агъэ дахэщ.
1эщ1агъэ дахэр хьилмым къыхок1.
Дыкъызыхэк1ар сыт гъэщ1эгъуэн!
1эщ1агъэ дахэр дэрк1э хьэрэмкъым,
Хьэрэм зыхэлъыр дэрк1э хьэлэлкъым.
Хьэрэм-хьэлэлхэр хьилмым къыхок1.
Дыкъызыхэк1ар сыт гъэщ1эгъуэн!
Мы дунеишхуэм сыт тетхыжыну?
Мы дунеишхуэм сыт къэдгъэнэну?
Къэнэну псоми хьилмыр нэхъыф1щ.
Ф1ыгъуэшхуэ псори хьилмым къыхок1.
Дыкъызыхэк1ар сыт гъэщ1эгъуэн!
Просмотреть фотографию в реальном размере
Просмотров: 12541 | Размеры: 395x646px/159.9Kb
Дата: 18.08.2012 | Добавил: Admin
Рейтинг: 0.0/0


Top left design element Copyright AdygaAbaza.ru © 2024 Top right design element