Top left design element Top right design element
Главная Музыка и Видео Галерея Статьи Блог Ссылки Форум Почта Контакты Регистрация Вход
Музыка/Видео » Адыгская музыка » Отаров Анатолий » Анатолий Отаров (Уэтэр Толэ) - Си МамытIэ
 
 
| Размер: 2,4 Mb | |--> Загрузок : 4683 | Рейтинг: 5.0/17 | | 20.12.2009 |
                           Мамытlэ                             
                               (Kabardian)                                   

                                              

Сыт ущlэмылажьэр, уэ Мамытlэ?
Хадэ губгъуэ дахэр етагъахэщ,
Лажьакlуэ зэманыр къэсыгъахэщ.
Уи ныбжьэгъухэм псэуми хадэ япщlэ.
    Ей, ей, си Мамытlэ,
    Я къалэныр псэуми ягъэзащlэ.


Сыт ущlэмылажьэр, уэ Мамытlэ?
Хадэ пщlэгъуэ къэсмэ ущlомэхыр,
‘Лажьэ’ къыбжаlамэ ущlомэхыр.
Уэ уи щхьэхынагъэм сыт къыпхуихьрэ?
    Ей, ей, си Мамытlэ,
    Дахэм укъилъагъумэ къопагэкlыр.


Сыт ущlэмылажьэр, уэ Мамытlэ?
Анэ гу хэгъэщlыу ущlыдэсыр,
Къуажэ кlыхь жьауапlэм ущlыщlэсыр,
Уэ уи щхьэхынагъэм сыт къыпхуихьрэ?
    Ей, ей, си Мамытlэ,
    Хъуркъым ар псэукlэ, ар зэгъащlэ.


Сыт ущlэмылажьэр, уэ Мамытlэ?

Хъуркъым ар псэукlэ, ар зэгъащlэ,
Щlэнакlалъэ псэуми уэ укъащlыр.
    Ей, ей, си Мамытlэ,
    Хъуркъым ар псэукlэ, ар зэгъащlэ.

Сыт ущlэмылажьэр, уэ Мамытlэ?
Хуитыныгъэ лъыхъуэу ущlыдэсыр,
Уэ уи щхьэхынагъэм сыт къыпхуихьрэ,
Уэ мы дуней дахэм ущlытетыр?
    Ей, ей, си Мамытlэ,
    Уэ уи щхьэхынагъэм удокlуэдыр.

Сыт ущlэмылажьэр, уэ Мамытlэ?
Лажьакlуэфlэ кlуэхэм уэ яхыхьэ,
Псэури уэ къохъуапсэу лlыгъэ зехьэ,
Лажьакlэфlэ ухъумэ къыбдэкlуэнкъэ.
    Ей, ей, си Мамытlэ,
    Псэури уэ къохъуапсэу лlыгъэ зехьэ.


Теги: МамытIэ, Отаров Анатолий, Уэтэр
Похожие песни:

Top left design element
Top right design element