(3,4 Mb 128kb/s)
Урысым и пщышхуэр Кавказым къыхуол1э Л1ыгъэр зэтрахыу жа1эурэ, зауэр къыдащ1ыл1э
Хэкум дыщыраху мы махуэхэр сыту лажьэшхуэ Лажьэу къыттехьа мыгъуэхэм ди гур кърашхык1.
Ар къыдэзыщ1ыл1эр, гущэри, мелуанищэм щ1егъур Зэращ1ыл1э лъэпкъыр 1эбжьыб хуэдиз мыхъу.
Л1ы ящэхуагъэу тхэтхэри зэрыгъаблэ нэгухэ Былымыжь нэк1ухэти ди хэгъуэгур ящэ.
Молэ ныкъуэу тхэтхэм уаз пхэнжхэр къытхуащ1ыр Дэ тхуэпсэу хуэдэу жа1эурэ, леишхуэ къыдахыр
Нэджынэпц1ыу тхэтхэм, гущэ, загъэщихъышхуэ Ахэм тхьэ 1уэху дащ1ри дызэтралъащ1э.
Дэ ди хьэдэ пхъэбгъухэу ди щ1ыбхэм ипхахэр Ирыдагъэхыжыну жа1эуэ, псори дагъэшынэ
Хым и уае сыджхэри кхъухь ныбэхэм къоуэ Зэтел1а бдзэжьейхэр ди бгъумк1э щызоуэ.
Урысым и пщышхуэхэр 1эщэк1э къытхуолъыр Муслъымэн хэгъуэгу гущэхэр нэф1к1э къыдоплъыр.
|