Бербеков Аскер - Нэхъыжьхэ

1242 | 562 | 02.01.2020 | Теги: бербеков, нэхъыжьхэ |

Ей, нэхъыжьхэм, л1ыгъэ фащэ дахэр

Къэхъу щ1эблэщ1эм дэ къытщыфт1эгъар

Идмыхын 1эпкълъэпкъым дыкъэсыхэу

Ди къуршыжьхэр бийм едгъэщ1у гъэр.

Е-ей, нэхъыжьхэм, къытхуэфщ1ам унафэ,

Гупым псалъэр хабзэщ пэдмыдзыжу,

Зедмыхьэжми ди пкъым илъу афэр,

Девгъэсащ дэ щ1ыхьым дыхуэпэжу.

Е-ей, нэхъыжьхэр, гупым фыкъытхыхьэ,

Хабзэф1 дахэр ди1э нэгум ейщ,

Саур уанэр л1ыгъэм хузэщ1эфлъхьэм

Дэ зи напэр тхъумэр Къэбэрдейщ.

Е-ей, нэхъыжьхэм, зефхьэ щ1ак1уэ ф1ыц1эм,

Л1ыгъэр ипсыхьауэ къэвгъэнащ,

Зы л1ыхъужьи темытхауэ фи ц1эр,

Ди къуршыжьхэр сын фэеплъ тхуэфщ1ащ.

avatar
Всего комментариев: 0