Адыгский фольклор - Сонэ Абдульчэрим - Шагъдий и уэрэд

7420 | 2583 | 07.11.2009 | Теги: уэрэдыжь, шагъдий |
Си шы къарапц1эу
Пц1ащхъуэу щ1элъэтым
Ди губгъуэ куэщ1ыр
Уи зэ ичыгъуэщ.
Уэ уи лъэ макъыу
Тхыдэм къыщыджэр
Л1ыгъэ макъамэм
И джэрпэджэжкъэ!
Припев:
Ей Адыгэш къабзэу
Сэ, си шагъдий,
Шыщхьэмыгъазэу
Зынэукъуэдий!

Л1ыхъур уэрыншэм
1эщэншэ къабзэт,
Уи бзэм щыгъуазэм
Урибгъэ дамэт.
Лъэпкъым и гуауи
Уэ дэбгуэшакъэ,
Лъэпкъым и гуапи
Уэ ухэтакъэ.
Припев:
Шыгъажэ хъуамэ,
Щытхъур къыбохьыр –
Щ1ыхьыр уохъумэ
Шагъдий лъэрыхьым.
Адыгэш къабзэу
Ей, си шагъдий,
Шыщхьэмыгъазэу
Зынэукъуэдий!

Полная версия теста:

Си шы къарапц1эу
Пц1ащхъуэу щ1элъэтым
Ди губгъуэ куэц1ыр
Уи зэ ичыгъуэщ.
Уэ уи лъэ макъыу
Тхыдэм къыщыджэр
Уо ри ра
Л1ыгъэ макъамэр и джэрпэджэжкъэ

Ей Адыгэш къабзэу
Сэ, си шагъдий,
Шыщхьэмыгъазэу
Зынэукъуэдий!

Л1ыхъур уэрыншэм
1эщэншэ къабзэт,
Уи бзэм щыгъуазэм
Урибгъэ дамэт.
Лъэпкъым и гуауэр
Уэ дэпыгъакъэ,
Уо ри ра
Лъэпкъым и гуапэм
Уэ ухэтакъэ.

Ей Адыгэш къабзэу
Сэ, си шагъдий,
Шыщхьэмыгъазэу
Зынэукъуэдий! (3 раза)

Си шы къарапц1эу
Пц1ащхъуэу щ1элъэтым
Ди губгъуэ куэц1ыр
Уи зэ ичыгъуэщ.

Шыгъажэ хъуамэ,
Зы къыщ1эмыхьэ
Уо ри р-а
Шагъдий лъэрыхьым.
Щ1ыхьыр уохъумэ

Ей адыгэш къабзэу
Ей, си шагъдий,
Шыщхьэмыгъазэу
Зынэукъуэдий!

Слова: Сонэ Абдулчарим
avatar
Всего комментариев: 4
avatar
6 Leon5555x • 18:09, 24.06.2010
ауэ къызэрымык1уэу лъэщщ! smile
avatar
7 Rebel • 21:48, 10.04.2010
Икъук1э сигу ирихъэш уэрэд зэрыжи1эр cool
avatar
8 Admin • 14:57, 07.11.2009
Псом нэхъи нэхъ лъэщщ! ))
avatar
9 kabardinka07 • 14:43, 07.11.2009
smile smile smile Лъэщщ up up up