Top left design element Top right design element
Главная Музыка и Видео Галерея Статьи Блог Ссылки Форум Почта Контакты Регистрация Вход
Главная » Статьи » Литература

Шогенцуков Али - ЩIымахуэ Жэщ

Шогенцуков Али - ЩIымахуэ Жэщ

Жэщ губжьащи, жьы зэпихум
«Бадзэ» хужьыр къырехьэкI,
КъуакIи тафи къимыгъанэу
Джэбын хужьыр къырешэкI.
Ауэ щыIэщ жьым, борэнхэм
Зи уэрэдыр дежьууф,
Уэсыжь укхъуэр жьы зыIэтыр
ЩIэнэкIалъэу зыубыдыф.

ЩIым мыл джанэ щитIэгъами,
Унэм ахэр щопщIэнтIэф,
Нэпскь щIыгур щьгъэнами,
Ахэр Iэнэм щохъуэхъуэф.
Ахэр пкъыкь дэщхьу щытми,
Я гъэмахуэщ илъэс псори,
Унэ нэхухэм щыщьж фадэр
Жэнэт псынэщ ахэм дежкIи.
Сыхьэтмыгъуи… жэщ — борэнхэм,
Щыхухэм ещхьу, е къахьыф,
ЩIыфэр пцIанэу къагъуэтами
Мыл Iув джанэ щатьгъэф.
Джатэ жанкь сауIами,
Хущхъуэ згъуэтмэ, сыхъужынщ,
Ауэ гуауэр гум къинамэ —
Ар хущхъуэншэщ — мыхъужынщ.
ЩхьэхуэфI зауэр щыщыIауэ
ЩIылъэр лъыпсым щыриIам,
Iэшэу, лъашэу миллионхэр
Бейхэм узыхь щащIыгьам, —
Зи лIыр зауэм яхуа фызыр
Джафэу унэм къыщIэнат,
Дуней хьэлъэр тыригъэууэ
Плъапьу зы къуэт къыхуэнар.
ЩIалэ цIыкIум жьэхэплъэхукь,
Насыпыщьм къегъэгугъэ,
МэжэщIалIэр къеIэу щытми,
Гугъэ гуэрым зыпегьаплъэ.
Ауэ пхъашэщ щIымахуэжьыр —
Дыгьужь нэщIу къыжьэхопхъуэ,
Хъыданыжьхэр сабий закъуэм
КъыришэкIми ныфIопIыщIэ.
ПщIэркъэ, быныр — псэм и хъуахуэщ —
И нэм, и псэм ирехьэль.
«Махуэл дэкIмэ, сипIыжынкъэ», —
ЖиIэ щIыкIэу ар догушхуэ.
* * *
Иджы хуэдэу сэ сощьжыр
Фыз тхьэмыщкьм и гугъахэр,
Сабийм и щхьэм и Iэр дилъэу
Iущэщэжу жиIэгьахэр:
«Мазэ тIущкIэ уи адэр, тIасэ,
Медаль хэлъу къэкIуэжынщ,
«Сэлэт хъыжьэм и къуэ цIыкIур»,
— ЖаIэу цГыхухэм уагьэфьнщI..»
Дамыгъэшхуэм зыримыдзу
Сэлэт Iыхьэр ецIыхужыр,
Абы дунейр игъэбзами
ЕщIэр фIыуэ хуэфащэжыр.
Ауэ, хъуакъым, и къыфIэщIхэм
Лъэмы1эсу захъуэжащ,
Жеймэ пщIыхьу имьйахэм
Фыз тхьэмыщкьр ныхэхуащ.
И щхьэгъусэр пащтыхь зауэм
Пшэрыхь щIыкIэу щыкIуэдащ,
Дунейм гугьэу щиIэ и къуэр
ПIэм сымаджэу гьуэлъыжащ.

А фызабэр зыдэс къуажэм
Куэбжэм хьэлъкъыр фIадзэжащ,
Нэпc щIагъэжу анэ гъурхэр
Сабий цIыкIухэм кьахэнащ.
Мис а щIыпIэм зы плIанэпэм
Унэ пхашэм ар щопыхьэ,
Гъащьу абы щыIэ псоми
Я джэгуэну ар зэрадзэ.
Жьы кIэрахъуэр къыкъуэухукIэ,
Уэсыр бжэмкIэ унэм щIепхъэ,
Хъыданыжьу сымаджэпIэм
Бахъэу хихур сытхъум хуокIуэ.
Мэгупсысэр: насыпыншэм
И дунейхэр зэIыхьащ,
И гугъуехьхэр зэрытеууэ
Щыта гугъэр фIэкIуэдащ.
И жыхафэм жьыр щыджэгуу…
IэщIэджафэщ… нэпе щIегъэж,
СымаджэпIэм хэплъэжыхукIэ,
И къуэ цIыкIум ба хуещIыж.
Насыпыншэм и къуэ закъуэм
Лыгъей мафIэр къыридзащ,
И дзэ жьгьейхэр зэригъэшхыу
ХьэуазэпIэм кьыхэнащ.
* * *
Хущхъуэр, пIастэр, тыншыныгьэр
Хунэмысхэм йолъэпIэкI,
Сымаджэщхэр, дохутырыфIхэр
Джатэ Iэпщэм йопщэфIэкI…
Iэ гьуритIыр блыгум щIэлъу
Анэр и къуэм жьэхоплъыхь,
Хьэлу Iыхьэ зыкъуэмылъым
Хьэкъущыкъу нэщIхэр зэпеплъыхь.
Зэрымытым щIигъэлъакIэ
И шынакьым сыт къихъуэнт?
Шыуан лъащIэм имылъIамэ,
СыткIи цIыкIум еубзэнт?
Жьы, уэс, уаерщ а фызабэм
И жыхафэр зэзыпэсыр,
Анэ нэщIым и гущIэгъурщ
А сымаджэр зыдэщэIур.
Щыхьэр гъунэу къуажэ цIыкIум
Пшагъуэм джанэ зыхушцIат,
Хьэ пщIэу макъи щымыIэжу
Даущыншэт, хэжеят.
Я уэрамхэр лъэужьыншэу
Уэсым псори исеят,
Унэ жыгхэр, щIым щхьэ хуащIу,
Хьэщхьэтеуэм дэгъуэлъат.
Фыз тхьэмыщкьм уэнжакъыншэу
И уэздыгъэр щIигъэнащ,
И сымаджэм ещхьэпэплъу
Зэман куэдкIэ ар щытащ.
Нэхущ хъуауэ щIалэ цIыкIур
ХилъэфакIэт мыщэIужу,
«ЖеихункIэ», — жиIэу, анэр
Къалэм макIуэ шхын щIэлъэIуу.
Щыхьэрышхуэм и ефапIэм
Мин шыIэжьэу къыбгъэдэтщ,
Абджыпс унэм и пшыналъэр
Фызым дежкIэ зы щэIу макъщ.
Гугьэ гуэрым ар ныпэплъэу
Сыну бжэIум теуващ,
Бжэр IуахыхукIэ бахъэ щIидзыр
Мылу и щхьэм тещтхьэжащ.
Фыз тхьэмыщкьм и нэжьгьуцхэр
Мыл жьгьырукIэ зэщIэблащ,
Щай щIэлъэIум и макъ пщIэншэр
ГуфIэ пшынэм хэкIуэдащ.
Гукъеуэншэщ абы щIэсхэр —
Зауэм я цIыху щыкIуэдакъым,
Я къуэ закъуи мэжэщIалIэу
ХьэуазэпIэм къыхэнакъым.
Зы фызабэ абы дежым
Нэмыс иIэу щагъэтынт?
МэжэщIалIэр зымыцIыхухэм
Iэ шияри ялъагъунт?
Сондэджэрхэм тхьэмыщкIэпсэр
Зы сомыжькIэ ящэхуф,
Нэфу щытми, къулейсызыр
Ауан щIыныр ягу тохуэф.
* * *
Хъуакъым… фызым и гугъуехьыр
А вэржьэрым хэкIуэдащ,
Жьым, борэнхэм уэс хужь джанэр
И пкъым хуэфIу щатIэгъащ.
Iэ дияуэ блыгум щIэлъыр
Зы нэгъуджи хуэлъэгьуакъым,
Анэ мыгъуэм и сымаджэм
Абы щыщи щIэупщIакъым.
Фызым и гур ужьыхауэ
Жьы кIэрахъуэм хыхьэжащ,
Жэрдэм закъуи хуэмыщIауэ
И сымаджэм хуэкIуэжащ.
Анэ мыгъуэм и фэр зэлъэу
Унэжь нэщIыр къелъыхъухь.
Хьэлу Iыхьэ къыщIэкIыну
Хьэпшып щIэлъмэ зэпеплъыхь.
Абы уасэ хуищIыфыну
Зы хьэпшыпикIэ игъуэтакъым,
ЩIакхъуэ Iыхьэ къыщIэкIыну
Зыри и нэгу къыщIэхуакъым.
* * *
Мэгузавэр фыз тхьэмыщкIэр,
СымаджэпIэм бгъэдохьэж,
«ХьэлуI» — жиIэу къэлъэIуэхукIэ,
Къуэлъыр бащи — ныхуещIыж.
И цIыкIу закъуэм и нэ щахэр
Хьэлъэ-хьэлъэу зэтырех,
Сытым хуейми: «Нанэ», — жиIэу
Iэ хулахэр пIэм къыщIех.
Сыт ищIэнур анэ мыгъуэм?
И щхьэр IитIкIэ еубыдыж,
ЩIакIуэ хуэдэу щхьэц фIыцIэшхуэу
И плIэм телъым гу лъетэж:
«Сыту мащIэт си гупсысэр,
Уасэ зиIэр сэ сщIэжакъым,
Сытыт щхьэцкIэ сэ сщIэжынур —
ЩIэрэщIагъэ сэ сыхуейкъым.
Зэман куэдкIэ щIалэ цIыкIур
Хьэлу Iыхьэ хуэзгъэлIащ,
ЛIэуэ щытми сигу къинэнкъэ…
Щхьэцыр лъапIэу зэ слъэгъуащ».
ЩыгуфIыкIыу а сыхьэтым
Щхьэц фIыцIэшхуэр къыпеупщI,
И сымаджэм хуоплъэкIыжри
И блэм телъу бжэм къыщIокI.

* * *
Былым лейуэ и гугьэжу
Щхьэцыр пуду ищэжащ —
И пкъы хьэлъэр жан хъужауэ,
Бэзэр шхынкIэ ихъуэжащ.
И щхьэр джафэу фызыр хъуами,
Быным фIэфIкIэ еупщIынкъэ,
Бэзэр шхынкь бгъэдыхьэжмэ,
И сымаджэр нэхъ къэплъэнкъэI
ПIащIэу, Iуэхур щызэфIэкIым,
И гъуэгуанэм техьэжащ,
Жэщи хъуарэ тIэкIу гувами,
И мурадыр зэфIэкIащ.
Псалъэ IэфIхэу и къуэ цIыкIум
ЖыриIэнур хузэхелъхьэ,
ХьэуазэпIэм нэсыжыным,
ТемыпыIэу, ныхуопIащIэ,
И сымаджэм еубзэну
Фызыр псынщIэу ныщIохьэж,
И уэздыгъэр ункIыфIарэ
Къуэр дияуэ ныIуощIэж.

 



Источник: https://shogencukovali.ru/
Категория: Литература | Добавил: Admin (20.06.2020)
Просмотров: 4526 | Рейтинг: 3.5 |

Top left design element
Top right design element