Шогенцуков Али - Къамботрэ Лацэрэ
Нобэ хуэдэу адыгэкъуэр
Пшэм пхылъэту щытыгъакъым,
Къимыгъазэу щIыри хыри
ЗэпиупщIу ар къэсакъым.
УафэхъуэпскIи нэху хишакъым,
Псышхуэ Iэли игьэсакъым,
Къуэш фIэхъуси уафэ джабэм
Бгъэшым тесу къыщитакъым.
Абы ищIакъым пщым я джатэу
Лъэпкъ гъэкIуэдыр фIадзэжыну,
УнэIутхэр чо хухьахэм
КъыдэкIыфхэу зэплъыжыну.
Нобэ и быну хыр зи Iэпэм
Къыдэджэгур ущыIакъым,
Къызбруным цIыхухэр пхауэ
Щырадзыхыуи уэ плъэгъуакъым.
ТIуащIэ бэву ущагьафIэм,
ПщIэркъым, фIыгъуэ илъыгъакъым,
Къэзылъхуахэм япIыжыфуи
Абы бын куэд къитэджакъым.
А тхьэмыщкIэм ятелъахэр
Хэку уэжахэм къысхуаIуатэ,
Я Iуащхьэкхъуэу къагъэнахэм
Ныбжьу тесхэу къысфIагъэщIхэ.
ЩIым бэлыхьу щашэчахэм
Ахэр псори я дамыгъэщ,
Iуащхьэ нэзхэм щIытI бгырыпхыу
КъешэкIахэр я лъы жапIэщ.
A ныбжь гуауэу си нэгу щIыхьэр
Тхыдэ фIыцIэу къагъэнахэрщ,
Я кхъэр Iуащхьэу щIабэгари
Я гум бампIэу дагъэхуахэрщ.
Уэ уи лъэпкъыр зыхуитыжу
Зы лъэхъэни щалъэгъуакъым,
ЦIыху хьэлэлхэм, нобэ мыхъуми,
Я унафэ ящIыжакъым.
Ягъэ кIынкъым, гьащIэ дахэм
Хэку бгынахэр къыретIыж.
Жыжьэу щытми, ди дадэжьхэм
КъащыщIахэр иреджыж.
Мисыр, нобэ пщащэ гуэрыр
Сэ си пащхьэм щотэджыж,
И гукъеуэр бзэншэу ныбжьым
Мес си пащхьэм щеIуэтэж.
КъызолъэIур а тхьэмыщкIэм
И бэлыхьхэр бжесIэжыну –
Жан и дежым унэIутым
Щылъысахэр пхуэстхыжыну.
***
Пасэм щыгъуэ уи дадэжьхэр
Пщы жыхафэм щытетам,
УнэIутхэр гуащэ пащхьэм
Къыщегъыхыу гцыпсэуам,
Ди хэку дахэм и псы уэрхэм
Лъыр хэлъадэу щыутхъуам,
Тэтэр хъанхэр щIыпIэ псомкIи
Хэкум къеIэу щыхуежьам,
Бахъсэн Iуфэм пщы и пщыжу
Махъэшокъуэр Iусыгъащ,
И хъыжьагъэр Индыл щIыбым
ЩигъэIунуи игу илъащ.
А пщы ябгэр шым еуамэ,
Дунейр щIопщкIэ шынэ фIэщт.
Шы лъэ макъкIэ унэм щIэсхэр
«Тэджынщ» жиIэу зигъэинт.
И пащIитIыр IэмыщIизу
ТIыбжьэу жьакIэм хэкIэжат,
Жыпхъэ зэвым щагъэжауэ
И пкъыр афэм ихузат.
Къашыргъэпэу напщIэуфэм
Фочыр и плIэм щедзыхащ,
И сэшхуэжьыр ныбжьэгъу пэжщи,
Дэнэ кIуэми ибгъу ищIaщ.
***
Къызбруным и мэз Iувхэр
Абы и махуэм уафэ хуэплъэт,
Абы и лъапсэм щыпсэу жылэм
Я псэуалъэр пщыIэ щIыкIэт.
ПщылIхэм щэхуу я уэрэдхэр
Гъыбзэм, гуIэм хузэрашэрт,
Пщы шу Iэлхэр ялъагъухукIэ,
ЩIым ба хуащIхэу, щхьэщэ ящIхэрт.
Ахэм лIыгъэ ящIэпами,
Пщым я щытхъум хэкIуэдэжырт,
Жан къахэкIхэр уэрэдыншэу,
Макъ хуамыIэу ужьыхыжырт.
А лъэхъэнэм пщы лэгъунэр
Тэхъуэнащхьэт, гущхьэ плъыфэт,
Афэ гъуэпэу, пыIэ шопсхэр
Къафэ щыхъукIэ я щхьэр щIэурт.
Я унащхьэр уэрдыхъу ныкъуэу
Мэкъу IуэнтIакIэ зэщIэпхат,
Нэху дэдзып1эу я щхьэгъубжэр
ЛIыжь нэгъуджэу пхыгъэмбат.
ЯтIэ лъэгуу унэ щIыфэр.
Мылу джыджэу гъэхулIат,
Я плIанэпэм и жыхапхъэу
УнэIутыр щыгъэжат.
ЖьантIэм уеплъмэ, пхъэ гъуэлъыпIэм
Тхыпхъэр уагъэу хэщIыхьащ,
Щхьэнтэ пщахэр, пIырыпI щIыкIэу,
ДариихукIэ щIэгъэнащ.
Махъэшокъуэм и гуащэхум
А пIэ хуитым зыщегъафIэ,
Пщым и фIыцIэ жызымыIэм
Гуащэ Iэгур хуегъэдалъэ.
Унэ блынхэр тхыпхъэщIыпхъэу
АлэрыбгъукIэ яхуэпащ,
Дыщэ фащэм, нэр тепщIыпщIэу,
ЖьантIэ блыныр щIигъэнащ.
АтIэ, пшIэрэ, мис а унэм
Пщащэ гуэрыр щосэбауэ,
«Iэуэлъауэ сщIырэ?» — жиIэу
ЩтэIэщтаблэу щохуэразэ.
Гуащэ нысэм зигъэхъеймэ,
УнэIутым и гур мауэ,
Псалъэ гуауэ зэхимыхмэ,
И нэкIухухэм лъы къыщIохьэ
Гуащэ нэщхъыр зэлъыIукIмэ,
ПщылI IукIауэ зелъытэж,
Пщы бжэщхьэIум тету щытми,
Уэха и гум псэ хохьэж.
Гуащэ нэщхъым пшэ темылъмэ,
Лацэ дежкIэ псори махуэщ,
Шухэр мину къепсыхамэ,
ХьэщIэщ гъуэгур — зы лъэбакъуэщ.
ХьэщIэщ кIыхьыр, ду щхьэ плъыфэу,
ПщIантIэм жыжьэу щехьэжьащ,
Зихузыжу унэIутыр
И жыхафэм щыгъэжащ.
***
Щыхьыбжьэжьу шы фIэдзапIэр
Жыжьэу пщIантIэм щыхэтIэщ,
Хьэжьэражьэу шагъдиижьхэр
Абы IипщIкIэ иубыдэщ.
МахъэшокIуэм махуэ къэси
Шухэр гупхэу къыхуопсых,
Пщы Iэл пщIантIэм Iэнэ пшэрхэр
ПщылIхэм пIащIэу щызэблах.
ХьэщIэщ жьантIэм шэнтжьей лъахъшэм
ХьэщIэ гупхэр къыщохъуахъуэ,
Тэтэр хъанхэм я дзэ Iувхэр
Гъэр къащIыну тхьэ зэхуаIуэ.
Махъэшокъуэу къудан гъурыр
Кърым хъанхэм нахуошхыдэ,
Къалэ быдэу Хъансэрейри
ХъунщIэн хуейуэ быдэу жеIэ.
Къашыргъэпэу пщы гъур ябгэр
Ибг иль сэшхуэм нытоуIуэ,
Къурей Iуащхьэ Алътуд хъаным
Щезэуауэ егъэбатэ.
Фадэ пIащIэм чэф ищIащи
Пщыжьхэр пшынэм добзэрабзэ,
Гъуазэу яIэр я сэшхуэжьщи
ХуеплъэкIыжхэу Iэ ныдалъэ.
***
Мис а махуэм къэбэрдейхэм
Санэхуафэр зэIуахат,
Пелуанхэр япщхэм щIыгъухэу
Пэужь лъапэм къекIуэлIат.
Хэкум бийхэр къеуэ хъумэ,
Ар шу миным текIуэу жаIэрт,
Джатэ кIэщIыр къырихамэ,
ХъуаскIэр пихуу яIуэтэжт.
Абы и хьэщIэщ Жан и дэлъхуу
И щыкъу щауэ Аслъэнокъуэр.
ХьэщIэ псоми хуамыгъадэу
ЩIыхь ин хуашIу ар ягъафIэр.
А щыкъу щауэм малъхъэ пщIантIэм
Хэгьэрейуэ зыщебжыжыр,
Жан и дэлъхущи, ар лэгъунэм
ЩIыхьэрейми, къекIу яфIощIыр.
Жан епсалъэу ар лэгъунэм
ЗыдыщIэсым Лацэ щIохьэ,
Щхьэр и бгъафэм хуришэхыу,
УкIытащи, къызэщIоплъэ.
И бгы псыгъуэр, умылъагъуу,
Щхьэц щIакIуэшхуэм ныщIиуфэт,
Балий хъугъэ зыхидзауэ,
НэкIухэм занщIэу лъы щIэувэт.
ПIырыпI щIыкIэу бгъэ щхьэнтитIым
Бостей щIыIур хузэпокъур,
Ужьэ хуэдэ, а пщэху дахэм
ХьэщIэ пащхьэм зыщехузыр.
Жан и дэлъхуу Аслъэнокъуэм
Щэху гуэр и гум къыхолъадэ.
Пщащэ цIыкIум и къабзагъэм,
Хуимытыжу, ар епхъуатэ.
Дахэу щытми, унэIуткъэ,
Жан елъэIумэ, къыритынщ,
Саугъэту и щхьэгъусэм
Ар ныхуихьмэ, нэмыс хъунщ.
***
Асланокъуэр, абы хэту,
Ешхэ-ефэм хыхьэжащ,
ЖаникI пщащэр иритыну
ГурыIуакIэщ – Iуэхур хъуащ.
Ауэ Лацэм хуамурадыр
Ауи гугъэ ищIыхакъым,
Ар къыщIашэу хьэщIэ пащхьэм
ЩIагъэувами гу лъитакъым.
Зы пкъы закъуэщ абы и нэгум,
Ныбжьым хуэдэу, къыщIэджагуэр,
Жейуэ щытми, къебзэрабзэу
ЗыгъэгуфIэу къыхуэхьэщIэр.
Ауэ дахэу унэIутыр-
Гуащэ пагэм и жыхапхъэщ.
Хъыданыжьхэр зи щыгъыныр
Ныбжьым хуэдэу и дэкIуашэщ.
ЗекIуэ кIуэрэ пщыр къэкIуэжмэ,
Вакъэ-лъейхэм я фэIуадэщ,
Гуащэм бадзэ тетIысхьарэ
Къедзэкъами, абы ягъэщ.
Iуэхум мащIэу къыдэхуамэ,
ДакъэхэкIым щогупсысэ,
Зиусхьэнхэм я губгъэным
Сыхьэт къэскIи хуокIэкуакуэ.
Набдзэ фIыцIэу а нэкIухур
А лъэхъэнэм хогупсысэ,
ПсэукIейуэ абы иIэм
«Iыхьхэр» щэхуу хузэрешэ.
УнэIуту Лацэ щытми,
ЦIыху и хабзэр щинэфынкъым –
Пщы унафэр ткIийуэ щыткIи,
Дуней щэным текIыфынкъым.
И ишэгъуэ нэблэгъащи,
Гъусэ ищIынум джэш хуредзэ,
Унэ ихьэным гу хуищIащи,
Пщы унафэм пIащIэу поплъэ.
Сыт ищIэнур? Дахэ шырыр
Жан хьэпшыпу илъытащ…
Саугъэту жагъуэлI гуэрым
Ирамытмэ, ехъулIащ.
Хуитыгъамэ, пщащэ цIыкIур
Къамбот псэгъуу дэкIуэсэнут,
Бэлыхь телъхэр хуиIуэтэжу,
Мыжеижу дыхэлъынут.
ИлъэситIым нэблэгъащи
Къамбот щэхуу зыхуегъафIэ,
Лъагъуныгъэр ямыгъэIуу,
Щэху защIыжу зобзэрабзэ.
Захъумэну жэщ уэм кIыфIхэм
Гуэщ блын къуагъхэм щоIущащэ.
Пщым иукIми, зэрышэнхэу
Псалъэ быдэ зэжыраIэ.
***
Пщыхэм ефэр ямыухыу,
Дыгъэр щхьэгум къиуващ,
Санэхуафэр зэпэщащи,
Ахэр къожьэр — езэшащ.
Фоч гъэуэкIэм, лIыгъэ-шыгъэм
Ямыухыу топсэлъыхь,
Фадэ пIащIэр къыщхьэщыпкIыу
Бжьакъуэжьейхэр зэIэпах.
ПыIэ шопсу, хьэзырыбгъэу
Хэплъэу жьантIэм зы лIыжь дэсщ,
ШыкIэпшынэр игъэпсауэ
Макъ имыIэу ибгъукIэ щылъщ.
ХабзэщIэкъум и щхьэр, и пкъыр
ЗэфIэмыуэу зегъэзадэ,
И Iэр жьакIэм ныделъэжри
Гупым хоплъэ, моуэ жеIэ:
«Аушыджэрыр къыфхуэхъуахъуи;
Фэ фыщIалэщ — Iуэхур фщIэркъым —
Нэхущвагъуэр къыщыщIэкIым
ЛIыгъэ фщохъур фыкъэушым!
ЛъэпкъкIэ пщыуэ сыщымытми,
Си хэку схъумэу сыкъэсащ,
Тхьэм и махуэу зэхыхьэшхуэр
ШурылъэскIэ сэ сIэтащ.
Фынэтэджхи санэхуафэм
Афэ джанэр псыф къыщыфщI…
Пшэм хэщIауэ нып щIэращIэм
Хьэуам пщIэншэу зыныхуещI!»
ЛIыжь усакIуэу напщIэ кIырыр
Пщыхэм ябгъукIэ къыщопсалъэ,
И гулъытэр санэхуафэм
Щыджэху цIыхухэм ирегъапщэ.
***
Мис а махуэм Къызбуруным
И лъэгу щхъуэнтIэр яхуэпат,
Нып пшэрыту уэгум щыфэр
Я нэщанэу къыщIадзат.
КъэкIагъащIэу пащIэ фIыцIэр
Плъагъу къудейуэ щIалэ гуэр
Бгъэгу Iухарэ уардэу, пкъыфIэу
Ныпым еуэрт — Iэзэ гуэрт.
Ар Къамботти, Аслъэнокъуэр
Зэгуэпауэ нэбгъукIэ еплъырт,
Зи гупсысэр маисащхъуэу
ЛIыжьри абы ныкIэлъыплъырт:
«Мис апхуэдэщ адыгэлIу
Усэ, хъуэхъукIэ зыхуэгуапэр,
Шу пэрыту, бийм ятекIуэу
УсакIуэбзэр щIэбзэрабзэр!»
Къамбот ныпым мастэ фIэлъыр
И зэ уэгъуэм къыпиудырт,
Малъхъэдису и щIакIуэкIэм
ЩIым нэмысуи къиубыдыжырт.
***
Мис а щIыпIэм и лъэгу шхъуантIэр
Щолэхъу жэрхэм къырауд,
Дунейр пшынэм зэщIищтащи,
ЯбгъукIи Бахъсэн мэдымыж.
Абы хэту къашыргъэпэу
Пщы гъур ябгэр къэпсэлъащ;
Аслъэнокъуэр нып еуэну
Утыку иным къришащ.
Асыхьэтым а пщы хьэщIэм
Пшынэ, Iэгухэр хуэувыIащ.
«Дыщэ чысэм еуэ!» — жари
Пщащэу щытхэр къэлъэIуащ.
Абы и шэм, чысэр мыхъуу,
Кхъуей плъыжь быдэм зыхидзащ,
Мис Къамботи, зимыгъэIуу,
ИкъукIэ гуапэ къыщыхъуащ.
Лацэ жыжьэу зыдэщытым
Нэ фIыцIитIыр къыфIогуфIэ,
ФIыуэ илъагъуу и Къамботым
И гур уэуэ къыхуохъуахъуэ.
Жан и къуащIэр IитIкIэ иIыгъыу
Ар Къамботым къыхуеплъэкIырт, —
БостеикIэр щыгъупщауэ
Абы нэкIэ къебзэрабзэрт.
Мис а плъэкIэм гу лъитащи,
Аслъэнокъуэр яхуоплъэкI:
«Дахэр нэкIэ зыхуэгуапэр
Хэту пIэрэ?» — игу зокIуэкI.
Ар мыукIытэу щытыгъамэ,
Лацэм наIуэу нылъыхъунт,
И щхьэгъусэу лъэпкъкIэ хуэдэм
Нобэ тIуанэ тырищIэнт.
Ауэ дауэ унэIутыр
Зиусхьэным къишэ хъун,
ТIуанэ дыдэу ишэу щытми,
Дауи лъэпкъым къезэгъын?
***
Санэхуафэм зиIэтащи
Шагъдий жэрхэр ягъэунэху,
Шыр зьщэжэм, кIэрымыткIуу,
Санэхуэбжьэ щызэIах.
Лъапэ щхъуантIэм и кIыхьагъкIэ
Уджыр дэкIуэу наублащ,
Псы хуэм къазхэу пщащэ хужьхэр
Хэт уджыфми иубыдащ.
Лацэ Къамбот и Iэпэгъущи
Пщым и макъыр ящогъупщэ,
Щабэ цIыкIуу, мыIупщIыщэу
Дахэр Къэмбот къоIущащэ.
НыбжьыщIитIым лIыжь усакIуэр
Псалъэ хъуэркIэ йонэIуахуэ,
Зэхуэфащэу зэрыщытыр
ШыкIэпшынэм щегъэнаIуэ.
Джэгум ибгъукIэ ар здэщытым
Махъэшокъуэр къыбгъэдэтт,
Зы жимыIэу, щIым еплъыхыу
Аслъэнокъуэр я кум дэтт.
НэфIэгуфIэу а усакIуэм
Махъэшокъуэм зыхуегъазэ:
«Зэрыгъашэ мы цIыкIуитIыр,
Зэхуэфащэщ», — ныжыреIэ.
Ар фIэфI хъуакъым Махъэшокъуэм,
И гурылъыр къызэщIонэ,
Жан имыщIэу щIасэу пщащэр
Иубыдыным ар ныпоплъэ.
Пщым и нэщхъыр жэуап щыхъум,
ЛIыжь усакIуэр сабыращ,
ПщитIыр пщащэм зэрещакIуэр
Абы фIыуи гурыIуащ.
***
Мэгупсысэр уэрэдусыр:
«Сыт си усэр щIэмыгъыбзэр,
Джатэрыбзэм я бэлыхьым
Си пшыналъэр щIыщышынэр?
Сэ си пэжым джатэ щIагъым
Щхьэщэ щищIмэ, емыкIу хъункъэ,
Сыкъэрабгъэу Къамбот сымэ
СадэмыщIми, Лъэпщ губжьынкъэ.
Аушыджэрыр си щыхьэту
Къамбот псалъэ сэ естащ,
Лъагъуныгъэм лъытэныгъэ
ХуэзымыщIми сигу щыкIащ!»
Нэщхъейрилэу а усакIуэр
Нахъри фагъуэу зэхэуащ,
НыбжьыщIитIым я насыпым
Ар ныпоплъэр… игу къутащ.
***
Мис а махуэу зэхыхьэшхуэм
Щэхэм Лацэр я нэплъапIэщ.
Абы нэкIи енэIуахуэр
Махъэшокъуэм и жагъуащIэщ.
Ауэ ещIэр и щыкъу щауэм
И гум щэхуу ирилъхьар:
Пшэрыхь папщIэу унэIутыр
Гуащэм тыгъэ зэрищIар.
Сыт ищIэну? И щыкъу щауэм
Ар нэрыгъыу иубыдащ,
Дахэр нобэ ныIэщIэкIми
Iэмал иIэ? — пщы къилъхуащ.
Дауэ хъуну? И щыкъу щауэм
Ар шыпхъу тыгьэ Жан хуищIащ;
ХабзэмыщIэщ хужаIэнкъэ –
Iуэхур псори яухащ.
***
А зэманым цIыху насыпыр
Сэшхуэм и дзэм Iулъыгъащ,
ЦIыхубз нэпсыр нэхъыбэхукIэ,
ТекIуэр пагэу щытыгъащ.
АтIэ нобэ а цIыхубзым
Нэпс щIигъэжкIэ хэт дэщIынур?
Аслъэнокъуэм тыгъэ хуащIкIи
Сыт нэмысу дилъагъунур?..
Дахэ цIыкIур къыдишащи
Ар пщы хьэшIэм къегъэуджыр,
Джэгуэн ищIу унэIутым
Псалъэ хъуэркIэ догушыIэр.
Бэр щагъэшу лъапэ щхъуантIэм
Тхьэшхуэуджыр ныщокIуэкI,
Тхьэ нэмыскIэ пщыри пщылIри –
Нобэ псори зэдокIуэкI.
ЛIыжь усакIуэр нобэ хуитщи
ЖиIэ «псори» хуагъэгъунущ,
ФIэмызахуэ и нэм Iуидзэм,
И пшынэбзэр хущIэджэнущ.
Зэпхелыгъуэр абы нобэ
Аслъэнокъуэм и мурадыр,
Iэдэу псалъэр япхидзыну
Ар утыкум къыщоувыр:
«Дахэ, лъагъуныгъэр IэрыщIкъым,
Уи пщIэр зымыцIыхури ныбжьэгъукъым,
Псатхьэр Пэужь лъагэм щогусэ,
Уэри, зиусхьэныр, ущоуэ.
Мы сэ си пшыналъэм едаIуэ:
Сыт гъатхэ накъыгъэр щIэпхулыр,
Благъэ пхуэмыхъунми зыщIебдзыр?
Ар гъуэгу напщIэ удзу пумычыт,
И хъугъуэ нэсами къэгъанэт,
Ар зыхуэфэщэнуми гу лъытэт!
Псатхьэр игьэжейркъым си пшынэм,
Уафэм зыщIигъакъуэркъым си
лъакъуэм…»
Аслъэнокъуэр асыхьэтым
Шэхум хуэдэу фагъуэ хъуащ,
«ЕмыкIущ»,- жиIэу зишыIами,
ЛIыжьым занщIэу игу хуэплъащ.
Абы хэту, уардэм хуэдэу,
ШIалэ гуэрым зегъэлъагъуэ,
Губгъуэ уджыр абы и псалъэм
Асыхьэтым дагъэувыIэ.
«ЕмыкIущ… пщыхэр ди фызщIэгъукъым.
Ара жылэм нэмыс хуэфщIыр? –
Сэ си гъащIэр лъапIэу щыткъым…
Хэт и Iэщэ нэхъ мыудзэгур?»
Мис арыххэу Махъэшокъуэм
Хьэсанш тыншу гу лъитащ,
Щытхэр псори зэхуэсыжри
ХъуреягъкIэ къэуващ.
ЯгъэщIагъуэр: «Дауэ хъууэ
Хьэсанш нобэ къэкIуэжа?
Жыгей мэзыр зи унапIэр
Щхьэ пщы ябгэм къекIуэлIа?»
Техьэгъуафэу Махъэшокъуэр
Аслъэнокъуэм йоIущащэ,
ПщылI «Iэл» хъууэ IэщIэкIами
И хъыбарыр ныхуеIуатэ.
Санэхуафэм щыIэ цIыхухэр
Псори Хьэсанш къепщIэкIащ.
«Шу мин Iэджэм ар пэуву»
Хъыбар жаIэр я фIэщ хъуащ.
Мэгупсысэ Махъэшокъуэр:
И бийм жылэр хуэгуфIащ.
Илъэс Iэджэ нэблэгъащи
И бэлыхьыр иужэгъуащ.
Дауэ хъууэ къулъкъашхъэныр
Зимыущэхуу къэкIуэжа,
Жылэм «бэлыхь къьщэзылъхьэр»
Санэхуафэм къахыхьа?
Iэмалыншэщ, Махъэшокъуэм
ЛIыжь усакIуэр зырешалIэ,
ЛIакъуэу иIэр и щыхьэту
Моуэ абы ныжыреIэ:
«Си джэгуакIуэ, нобэ къэскIэ
Уи нэмысыр сэ сохъумэ,
Зы IэмалкIэ мы пщылI Iэлыр
ДэIуэжыну епсэлъылIэ.
Жылэр абы дэделэнщи
Си пщы напэр тырахынщ,
Си мыхабзэу лъыкъикIыгъэ,
ПщIэну щыткъым, сагъэщIынщ.
КъырекIуэжи пщылI азэту
ГъащIэу иIэм хуит сщIыжынщ,
Си шу гъусэм яхэбжауэ
ЗекIуэ къэскIэ здесшэжьэнщ».
Ар усакIуэм хуегъэдахэ,
Iуэхур фIэфIу ирехьэжьэр.
Мэзыжь кIыфIым и Хьэсаншым
ЛIыжь гурыхуэр йопсэлъылIэр:
«Сыту пIэрэ, Хьэсанш, нобэ
ЛIыжь усакIуэм ущIедаIуэр,
Бланэ уещэу мэз пащтыхьу
Псэуныгъэр уэ щIумыдэр?..
Сыту пIэрэ пщы жыхафэм
Утетыныр къыщIыхэпхыр,
Уэ пхуэдэлIым щхьэщэ хуэпщIу
Упудыныр нэхъ къыщIэпщтэр?
Уэ Мэзытхьэм ущышынэу
Ара тафэр къыщIыхэпхыр?
Пщыхэм я тхьи мыбы щыIэр!
Хэту пIэрэ уи гугъапIэр?
АдыгэщIыр лIыхъужьылъкIэ
Фыгъуэгъу Iэщэм игъэнщIауэ
КъыбжаIакъэ уи дадэжьхэм?..
Сэ сошынэр нобэ уэркIэ!»
Гу куэд щыIэт ар яIуатэу…
Я бзэм псалъэ жимыIэфу,
Захуэм джатэр хуэзыIэтым
Ахэр занщIэу дэтэджыну.
***
Арти, нобэ мэз щIагъ щIэсыр
Пщым и жылэм хыхьэжащ,
Сэшхуэ жаныр и бгьум илъу
Пщы «дэкIуашэу» къэнэжащ.
Ауэ абы, игу мунэджу,
ЗэтепIауэ пщым дегъащIэ,
ХьэщIэ гупхэм щащхьэщыткIэ
ЩIым йоплъыхыр, мэгупсысэ.
Дауэ щытми, ящIэр пщыхэм,
ЛъхукъуэлI щхьэкIэ, лIыгъэ иIэу,
ЗекIуэ кIуэгъуэм лIыхъужьыгъэу
Далъэгъуакъым абы мащIэ.
Пщыгъэр джатэм къызэрихьыр
ФIыуэ ещIэр Махъэшокъуэм.
«Стырихынущ си нэмысыр», —
ЖиIэу йощэр ар а щIалэм.
***
Гъэмахуэкущи Бахъсэн уэрыр
Ныджэ къуршым къыщохъущIэ,
И бгъуэщIитIым, лIыжь нэжьгъуцу,
Къэзмакъейхэр жьым дохуарзэ.
Къамбот щIалэм шы игъэпскIыу
Къуажэ гупэм зыдэщытым,
Толъкъуныжьым и псыпыхухэр
Къыриутхыу зыдыIутым,
Банэ къуагъхэм зыкъуигъапщкIуэу
Лацэ щэхуу къыбгъэдохьэ:
«Зиусхьэныр ежьащ», — жиIэу
ГуфIэу хъыбар къырегъащIэ.
Псалъэмакъыр Къамбот дежкIэ
ИкъукIэ хуабжьу гуфIэгъуэшхуэщ.
Махъэшокъуэм и ежьэныр
А тIум дежкIи хуитыныгъэщ.
Ауэ, Бахъсэн, уи псыпыхухэр
Нэхъри мывэм еудэкI,
ЦIыху зэраникI ныбжьыщIитIым,
Макъыр Iэти, иумыгъэкI…
Асыхьэтым шы игъэпскIыр
Пщащэ дахэм еубзэрабзэу
ГуфIэ-гупсэу ныпежьащ:
«Зиусхьэныр» зекIуэ кIуамэ,
Ар нэмысу къыщыулIэ,
ПщылI хъыджэбзхэм ехъуэпсахэм
Фыз хьэдагъэр теугъуагэ!» —
ЖиIэу Къамбот, дыхьэшхнэпцIу,
Игу илъ щэхур къырегъажьэ,
Гужьеяуэ Лацэ цIыкIур
Абы и псалъэм ныщIоупщIэ:
«Сыт, гуIэгъуэ, а къыупсэлъыр?
Ар емыкIукъэ, жумыIэххэ,
Пщыр и пщылIым пылъыжыныр
Ауи уи жьэм къыумыгъакIуэ…»
Нэщхъей дыдэу дахэ шырыр
Къамбот щIалэм къыжьэхоплъэ,
Асыхьэтым и нэкIуплъхэм
ТкIуэпс пщтырхэр къытолъадэ.
Пщащэ цIыкIум игу еуати,
Къамбот псынщIэу щIегъуэжащ,
Игу зэрыгъуу зэхихахэр
Нэхъ щабэIуэ ищIыжащ:
«ПщIэжу пIэрэ, Жан и дэлъхуу
ХьэщIэ гуэрыр къыщыкIуам,
«ПIэм и закъуэ хэбгъэлъынкъым»,
ЖиIэу гуащэр щышхыдар?..
Мис а бзаджзм уаIихыну
Гуащэ нысэм къелъэIуащ, —
Аслъэнокъуэрщ зи гугъу сщIыри,
ЗэштеупIэу къохъуэпсащ.
Ауэ ди пщым уримыту
Нобэ къэскIэ укъегъанэ:
ТIуанэ щэхуу уиIыгъынут,
Ауэ гуащэм ар хуодзыхэ.»
Ахэр Лацэм щызэхихым,
ЗанщIэу щIылъэм зыредзых.
Дзы зимыIэу щхъэхуимытым
Нэпсхэр бгъафэм къыфIожэх:
«Сэ уэракъэ фIыуэ слъагъур,
Си гугъапIэу Къамбот тIасэ.
Си гухэлъхэр уэ бжесIакъэ?
Уи гъусагъэм сыхуобанэ…
Саугъэту сату щытмэ,
Ар уэ уи псэм дэхуэфыну?
Псалъэ быдэу зэжетIахэр
Ауэ пщIэншэу къэнэжыну?..»
Лацэ цIыкIум хуэмышэчу,
И гъы макъым зиIэтащ,
Дыгъэ жьэхым ихулауэ
Тхьэрыкъуэфу ар фэящ.
Абы хэту Къамбот псынщIэу
ЩIегъуэжауэ йокIуэталIэ,
Пщы плIанэпэм щаIыгь пщащэм
Еубзэжу къырегъажьэ:
«Лацэ цIыкIуу сэ си дахэ.
Iуэхур лIыгъэм щышынэнщ,
Дунеишхуэм дытехуэнкъэ?..
Сэ сщIэфынури уэ плъагъунщ!
Псалъэ быдэ сэ уэстакъэ
Укъэзмышэм псэу симыIэу?
Iуэху уащIащи, саугъэту
Уату щытми, сщIэр плъагъункъэ!»
Къамбот хуабжьу псалъэ щитым,
Лацэ и фэм лъы щIохьэж,
ТхьэмыщкIитIым зэрышэныр
Я Iэрылъхьэу ялъытэж.
Абы дежым блэ джэ макъыу
Гуащэр къаджэу зэхахащ,
Лъэ макъ щэхукIэ Лацэ цIыкIур
ПIащIэу пщIантIэм дыхьэжащ.
Зиумэзэхыу пщащэ цIыкIур
Гуащэ пащхьэм ихьэжащ,
Пщы жыхафэр зи щытыпIэр
ПхъанкIэ, лъасэу увыжащ.
***
Пщащэ цIыкIум и дахагъым
Гуащэ блащхъуэр бий хуэхъуат.
Махъэшокъуэм тIуанэ щэхуу
ИубыдынкIи шынэ хъуат.
Лажьэ имыIэу Лацэ дахэм
Гуащэ нысэр кIэлъызоплъэ,
Зы лъэбакъуэ ичыхункIэ
IейкIэ бзаджэр хуодзэлашхэ.
Пщащэ цIыкIум ар ищIащи,
КъыщыщIынум хуогупсысэ,
Пщым имыщIэу Къамбот щIэхыу
ДэкIуэсэным ныхуопIащIэ.
Ауэ цIыхур зыхуейр псори
КъехъулIамэ Iуэху щыIэнт?
Лъагъуныгъэм къыпэщIэуэ
ЩымыIами лъапIэ хъунт?
* * *
ЖаIэж быдэу а гъэмахуэм
Хэкум Iуэху ин къыщыхъуауэ —
Кърым хъаным и дзэ Iувыр
МацIэу жылэм къытеуауэ;
Шырэ уанэ зыцIыху псори
А зауэшхуэм яхэтауэ,
Тэтэр хъаныр Къэнжалыщхьэм
Ирадзыхыу къэкIуэжауэ.
Махъэшокъуэм шу гуп щIыгъуу
Абы щыгъуэ къэсыжат,
Жыр джатэжьми теуIуэжу
Аслъэнокъуэр пагэ хъуат.
Абы жеIэр Долэт хъаным
«Гъуаплъэ нэкIур» хуиупщIэтауэ,
И зэ уэгъуэм бийм ящыщу
ЦыхуипщI зэуэ дэгъуэлъауэ…
Ауэ Хьэсанш, нэщхъей дыдэу,
Жыхафэгум къыщыхоплъэ,
Ибг илъ сэшхуэм и Iэр телъщи,
Пщым я щIыбкIэ ар щощатэ.
ЛIыжь усакIуэу жьантIэм дэсыр
Гупсысэшхуэм ныхэхуат:
Щытхъур нобэ къэзыхьахэр
Хьэсанш сымэу илъэгъуат.
Зауэ щIыбым ар щыдэтым
ИлъэгъуакIэт Къамбот хъыжьэу,
Жьэгъухэм бийхэр, къемыплъэкIхэу,
Гу лъитакIэт иригъалъэу —
Усэр абы яхуэфащэт.
Сыт ищIэну лIыжь усакIуэм?
Ахэм щытхъумэ, пщым ядэнкъым,
ЗекIуэ гупми хагъэхьэнкъым!
ЗекIуэ усэр хьэщIэщ кIыхьым
Хуабжьу, IупщIу къыщIоIукI,
ДэнкIэ плъэми — пщIантIэм цIыхухэр
ПащIэу, щтахэу щызэблокI
***
Лацэ цIыкIу мазэ нэкIур
ХьэщIэ гупым нащхьэщохьэ
Щхьэщэ ищIу Аслъэнокъуэм
ЩтэIэщтаблэу мыр жыреIэ:
«Зы сыхьэткIэ сыныпхуейщи
Гуащэм къакIуэ къыбжиIащ.»
Лацэ дахэр нэщхъей дыдэу,
Гъыфэу, хуэму щIэкIыжащ.
Аслъэнокъуэр асыхьэтым
ДжакIуэм псынщIэу ныкIэлъокIуэ,
ЛIыкIуэ къабзэм хуеплъэкIыжу
Жан лэгъунэм зэдыщIохьэ.
Аслъэнокъуэр и шыпхъу Жаным
IэплIэешэкIкIэ ныбгъэдохьэ,
Зиусхьэнщи — шэнтжьей жьантIэм
Зигъэбэгыу дегъэтIысхьэ.
***
Гуащэ нысэм Лацэ нобэ
И мурадхэр хуегъэнахуэ,
Шхьэхуимытыр пшэрыхь щIыкIэу
И дэлъху хьэщIэм хуегъэлъагъуэ.
А хеищэр нэщхъей дыдэу
Жыхафэгум щыгъэжащ –
Жан жиIэнум ар къыпэплъэу
ЩIым еплъыхыу къэуващ.
Гуащэм щэхуу зэригъакIуэр
Аслъэнокъуэм и гуфIэгъуэт,
Абы Лацэр саугъэту
Къыритыну щыгугъыххэт…
Пщы Iэлыжьым дахэ цIыкIур
Игу къищтащи жьэхоплъыхь –
Щыхь шыр хуэдэ, а къабзащэр
Еруужьым нэкIэ ешх.
Абы хэту гуащэ нысэм
Лацэ цIыкIум зыхуегъазэ,
ЗызэфIишу мурад Iейхэр
ЖыриIэнуи къырегъажьэ:
«Лацэ, уэркIэ мы си дэлъхур
ХьэщIэ гупым къахэсшащ,
Шыпхъу фэеплъу, унэIуту
Сэ уестыну згъэгугъащ».
Асыхьэтым хъыджэбз цIыкIур
ЗанщIэу и пIэм ехуэхащ,
Нэхущвагъуэу, техьэгъуафэу
А нэкIухур ущхъуэнтIащ.
***
Аслъэнокъуэр асыхьэтым
Хъыджэбз цIыкIум щхьэщоувэ,
Гу Iув бзаджэр щыдыхьэшхыу,
Ауан ищIу мыр жыреIэ:
«Iуэхур фIэфIмэ, пщащэр магъыр,
Ягъэ кIынкъым, зикI жумыIэ.
Уи пщым нэхърэ сынэхъ Iейуэ
Сыщытынкъым, умышынэ».
А гъы макъыр фIэмыIуэхуу
Аслъэнокъуэр щIэкIыжащ,
Жан губжьауэ пщащэ цIыкIум
Мыр жыриIэу жьэхэлъащ:
«Тхьэр си бийкъэ, къыфIэбгъэкIмэ,
Сонэ щIыбым уезмыгъэдзмэ,
Е, ухуеймэ, пшапэIудзу
Кърым хэкум уезмыгъэхьмэ!»
* * *
Куэд дэмыкIыу, игу къутауэ,
Лацэр унэм къыщIокIыж,
Жан и гугъэр хуимыщIэну…
ЛIэныр дахэу елъытэж.
Сенэ цIыкIум щIэтIысхьащи,
Пщащэ дахэр мэшэхыщIэ,
Камбот IущIэу и хъыбарыр
ХуиIуэтэнкIи Жан щошынэ.
Мэгупсысэ, мэгупсысэ…
«ЛIэныр дахэщ», — къыщолъэтыр.
Лъэмакъыншэу а тхьэмыщкIэм,
Сакъыу, бомкIэ гу ныхуещIыр.
Къамбот, сэхым здыбгъэдэтым
Лацэр псынщIэу бгъэдолъадэ;
Техьэгъуафэу, и гур уэуэ –
Игу икIащи — мэкIэкуакуэ.
Напэ псыфхэр щIилъэщIыкIыу,
Пщащэр IупщIу мэдэхащIэ,
Гур хигъэщIу дахэ цIыкIум
Тхьэусыхэр къырегъажьэ:
«Къамбот, нобэ лъагъуныгъэу
ЗэхудиIэр пщIэншэ хъуну?
ХьэщIэм нышу сыныдихмэ,
Уи лIы напэм ар екIуну?
ПщIэуэ пIэрэ нобэ гуащэм
Мурад бзаджэу къытхуищIар –
ГъащIэу диIэр дызтемыплъэу
Дигъэхьыну тхьэ иIуар?..
Гуащэ нысэм саугъэту
Сэ ситыныр пэж хъупаи…
Си фIэщ мыхъуу жыпIэгъахэр
Нобэ сэркIэ наIуэ хъуаи…
Лъагьуныгьэр пэжу щытмэ,
ЩIэхыу пщIэнур къэгъэнахуэ,
Дыгъужь гупым сыумыгъэшхыу
ЖыпIа псалъэр схуэгъэзащIэ…»
Лацэ и гуIэр Къамбот хахуэм
Щызэхихым, зэщIэплъащ,
Лей къалъысми хуэдзэлашхэу
Мыри быдэу жыриIащ:
«Аушыджэрыр си щыхьэту
Сэ жысIахэр згъэпэжынщ,
Жани, гуащи, пщыми, уэркъми
ЗалIэжами, укъэсшэнщ.
Умыдзыхэ, сэ си Лацэ,
Пщым я джатэр сэркIэ тхьэкъым,
ПщылI къытфIащу Iэщым хуэдэу
ДызыIыгъхэм фIы спахынкъым.
Саугъэту уэ уатыныр
Сэ а гупым яхуэздэнкъым,
Къуажэу, жылэу пщы зыдэси
Сэ пщылIакIуэ сыдыхьэнкъым.
ЛъхукъуэлI Iэщэм иукI цIыхур
Къэмыхъужу сеуэфынщ,
Пщы унафэм сэ сыщIэкIыу
СаукIыжми, сытыншынщ.
Iэщэ-фащэр лIым къегъуэтыр…
Пщэдей жьыуэ дежьэжынщ,
Пщыншэу гъащIэ зэрыдухуэм
Сэ мыгувэу уезгъэплъынщI»
Iуэху ищIэнур гурэ псэкIэ
ЩIалэм нобэ къыщиIуатэм,
УнэIуту пщащэ цIыкIум
И гур дахэ къыщыхуищIым, —
И бэлыхьхэр текIа щIыкIэу,
Дахэм и гур егъэфIыж,
И нэкIуплъу нэпc шыугъэм
Псыф ищIахэр елъэщIыж.
***
ПщIантIэ иным махуэ къэскIэ
ПшылIхэр пIащIэу щызэлож,
ХьэщIэщыбжэр хьэщIэ Iувхэм
Сыхьэт къэскIи хузэIуож.
ГъэщIэгъуэнкъым, «пшым и шхыныр
Къуалэбзухэм къакIэроху»
Я жэщ-махуэм къарит Iуэхум
Емыплъыжхэу шыр зэпаху
Сабий цIыкIухэм хьэщIэщ джабэм
ЛIыгъэм, шыгъэм и хъыбархэм
Пшыхэм щытхъухэр ныхуагъэщ.
Махуэр кIуащи, пхъэ уэздыгъэр
Уэнжакъ дамэм щагъэнэху
Iуэху шынагъуэм пэщыт щIалэр
ХьэщIэ щIыбхэм ныщокIукI.
Лацэ дахэм а зэманым
Гуащэ нысэр ирогуапэ,
Шу пэрытхэм я нэмыскIэ
Фадэ щхьэхуэр щIырегъэхьэ.
Мазэ нэкIуу пщащэ къабзэр
ХьэщIэ пащхьэм щофэразэ,
Залымыжьу Аслъэнокъуэр
Ауан щIыкIэу йонэIуахуэ.
А бзаджэжьым пщащэ дахэм,
Щыгугъащи, зыхуегъафIэр,
И нэр къикIыу, пIалъэр къэсмэ,
Ар дихыным къыхуопIащIэр.
Къамбот Лацэ еплъыхункIэ,
Ауан нэщхъкIэ зонэIуахуэ,
Я Iуэху щэхур къайхъулIэнкIэ
Гугъэу тIури зэхуогуфIэ.
Ахэр нобэ зым къимыщIэу
НэкIэ IэфIу зобзэрабзэ,
Лъагъуныгъэу а тIум я кум
Дэлъыр бзэншэу зэхуаIуатэ.
ПлъэкIэ щэхур мэлъхъэдисщи –
Лацэ дахэр къызыщIешэ.
МыщIэм ещхьу и нэ лыдхэр
МыдэIуэжу къыфIогуфIэ.
Ешхэ-ефэм я щIыбагъым
НыбжьыщIитIым зыщагъафIэ,
ЗэпэгуфIэу, мащIэу, щабэу
Дзэ хужь цIыкIухэр къагъэнаIуэр.
Макъ имыIэу зэпсэгъуитIыр
Гу пщтыракIэ зодэхащIэ,
Лъагъуныгъэм и IэфI дыдэм
Гъэр хуэхъуахэр Iуэху гуэр поплъэ.
***
Щхьэгъэрытхэр хьэщIэ щIыбхэм
Сыным ещхьхэу щыгъэжащ,
Бжэм щэхубзэу Къамбот сымэ
ЛъапэпцIийуэ къыщIэкIащ.
Щэху защIауэ ныбжьыщIитIыр
Бо блын щIыбым щоIущащэ,
Жэщ кIыфIыпсым зыщагъафIэу
Я щэху жаIэр, зобзэрабзэ.
Мис арыххэу а щэхуитIым
Хьэсанш гушхуэу нажьэхохьэ:
«Iуэху зехьэным лIыгъэ хэфлъхьи,
Маржэ хъунхэ, феужьэрэкIхэ!
Сэшхуэм къихьыр, Къамбот, нобэ
Дгъэлъэгъуэфмэ, Iуэхур хъунщ.
Джатэ щIагъым нанэ щыIэ?
Iэщэр лъэщмэ, псори хъунщ.
ФIыкъым нобэ сэ зэхэсххэр:
Пщэдей хьэщIэр ежьэжынущ,
Аслъэнокъуэм кIэс иIыгъыу
ЗигъэщIагъуэу дэкIыжынущ…»
Ахэм псалъэр ямыухыу,
Гуащэ нысэм гу къалъетэ,
Пщащэ цIыкIум, джэлэн хуэдэ
Щтауэ, и пкъыр фIызэщIолIэ.
Лацэ и псэр Iулъэтауэ
Гуэнэщ кIыфIым щIолъэдэж,
Удын гуауэм пэплъэ пщащэм
Гугъэу иIэр фIокъутэж.
«Сэ мы Iуэхум къызегъащIэр
НыбжьэгъуфIым уасэ имыIэу,
Дыщэ, мылъкукIэ умыпсалъэ,
Ар си дежым щыпщэхуну!
Псэм дэкIуашэу къыпхущытым
СыткIэ уасэ хуэпщIыфын,
Псэуныгъэр схуэзыхъумэм
Хэт и дыщи пэлъэщын».
Къамбот Iуэхуу къыпэщылъыр
ЕщIэ нобэ пщылI азэтым,
ТемыплъыкIыу, ныбжьым хуэдэу,
Ар кIэлъоплъыр зэпсэгъуитIым.
Абы ещIэ Лацэ цIыкIур
Ныш пэлъытэу зэратынур;
Аслъэнокъуэм и напщIитIыр
Абы щхьэкIи зэрыгуфIэр.
«ЛIыгъэм джатэр хуэжыIэщIэщ,
Ар бгъэбзэфмэ, псори едэр,
И удыным пщы и пщыжым,
Гуауэ щыхъуми, щхьэщэ хуещIыр.
Сэ си гъащIэр щыхуит мэзыр
Ноби щыIэщ — сыкIуэжынкъэ,
Сэ ныбжьэгъум сыщымыжмэ,
Сыт мы джатэм и пэрмэныр?
Псалъэу Къамбот сэ естахэр
Пэж сымыщIмэ, сыт къуэшыгъэр?» —
Хьэсанш нобэ зигъэпсауэ
Джатэ щIыфэм и Iэр делъэ.
Куэд дэмыкIыу Лацэ дахэр
Гуащэ ябгэм щIырегъашэ,
НапщIэхэшыр, елэн щIыкIэу,
Къэгубжьащи, къыжьэхолъэ:
«Уи фIеягъэр къуэбуфэжу
Сын жа зыпщIу ууваи,
Ем ихьыну уэ хьэм и пхъур
НэмысыфIэ ухъужаи!
Сэ ныбжесIэм къыщIэдэIуи –
Блынхэм хьэгъэ щызумыхьэ,
Шэм ихьыным къебгъэжьахэр
Узмытхьэлэу сэ къызжыIэ!
Уэ фIейм и пхъум си щIыбагъкIэ
Сыт емыкIухэ къебгъэжьар?
ПщылI щIалэжьхэм уадэджэгуу
Нэмысыншэм зыщIэбдзар?
Аркъудейкъым уэ блэжьахэр.
Гуэщ-джэдэщхэм лIы щоубыд, —
Дэнэ щIыпIи ущагъуэтмэ,
ПщылI щIалэжьхэм урауд.
ЛIы ухуеймэ, нэху зыдэщым
Хьэр зыщащэм уезгъэшэнщ,
Шэ IэнатIэм уэ ихьыныр
Сонэ щIыбым уезгъэдзынщ».
Зэзым хуэдэу псалъэ дыджхэр
Пщащэ цIыкIум щызэхихым,
А хеищэр гуащэ нысэм
Лажьэ имыIэу щигъэпудым,
Дыгьэ гуащIэм дэхулауэ
Тхьэрыкъуэфу пкъыр щIэлIащ,
ЩтэIэщтаблэу и фэ тIэкIухэр
Блыным хуэдэу фагъуэ хъуащ.
Набдзэ кIыхьхэр фIызэхэуэу,
ЩIым хуеплъыхыу ар диящ,
И нэбжьыцхэр асыхьэтым
Нэпс уэшх хуабэм псыф ищIащ.
И нэкIу тIэкIухэм къежэхахэр
Бгъафэ хуабэм дэлъэдащ.
Дыщэ шырым гущIэгъу макъкIэ
Жьгъырум хуэдэу мыр жиIащ:
«Гуащэ нысэу си псэм хуэдэ,
Дэкъузауэ сумыулъий,
Дзы симыIэр уэ къысфIэпщу
СэркIи нобэ умыбий.
Сэ къысхуэдэр фIыуэ слъагъукIэ
Сыт уи жагъуэ щIэхъуфынур,
Дунеишхуэм сэ тхьэмыщкIэр
Сытепхуныр уигу щIидэнур?
ХьэщIэщ блыным сыкъуэтамэ,
ЛIы умыщIэу сыдэкIуакъым.
ФIыуэ слъагьум сепсэлъакIэ
Ари сэркIэ нэчыхь хъуакъым.
ЕмыкIу сщIами, къысхуэбгъэгъумэ,
ЗикI уи жагъуэ злэжьыжынкъым,
Уэ къызжепIэм семыдаIуэу
Сэ зы махуи сыпсэункъым.
Хамэ хэкум сыщебгъащэу
Си анэжь закъуэр умыгъалIэ,
ЛIы сумытми, мы зы гъуэгукIэ
Си адэ и щIыпIэм сыкъигъанэ».
***
Абы хэту гуэнэщыжьым
УнэIутыр щIырегъадзэ,
Жыгеибжэм гъущI хьэлъкъ быдэр
Гъэрым быдэу хуIуегъауэ.
Лацэ, и Iуэхур зэIыхьауэ,
Гуэнэщ быдэм гъэр щащIащ,
Дыхьэрэну и нэкIуплъхэр
Нэпс шыугъэм ихулащ.
Бэлыхь гуащIэу ар зыхэтым
Уэгъу удзыщIэу пкъыр щIихащ,
И Къамботым къимыщIэххэу
Нобэ хьэпсым ар къинащ.
Дахэ шырыр мэгупсысэ:
Къамбот нэгум ныбжьу щIохьэ
Дуней гьащIэр зыдихьыну
Игу илъ щIасэм нытогуIэ.
* * *
Нэху зэрыщу пщащэ гуIэр
ШыплIэ шэнткIэ ныIуахынущ,
Къамбот щIалэм и къэшэныр
Пщым я пащхьэм щыпудынущ.
ЩIалэ хахуэм лIы и гъуэгур
И гум быдэу ирилъхьащ,
Зиусхьэнхэм я мурадыр
Икъутэнуи тхьэ иIуащ.
Iэщэ-фащэр къыхуэтыншэу
Хьэсанш абы иритащ,
«ЛъхукъуэлIщ»,- жаIэу зыгъэпудым
Пэувыным гу хуищIащ.
***
Нэхущ пшэплъыр къыщыунэхум,
Къамбот Iуэхур игъэбзащ,
Iэщэ-фащэр къыздимыщтэу
БомкIэ кIуэри увыжащ.
Лацэ пIалъэ къыритати —
Боужь кIыфIым ныщыпоплъэ,
Лацэ нобэ къыщыщIахэм
Щымыгъуазэу ар мэпIащIэ.
Пщым я ефэр зэпымыууэ,
Уафэ гъунэм зызыIуех,
Нэхущвагъуэр ущхъуэнтIащи,
Нур лыдахэр мащIэу пех.
Лацэ дахэр гуэнэщ нэщIым
Пыхьэу, гуIэу ныщожэщI,
Йогупсысыр и щхьэм илъхэм,
НэпскIэ и бгъэр еуфэнщI.
Лажьэ имыIэу хъуэн хуащIахэм
Хъыджэбз цIыкIур зэгуеуд,
Залымыгъэм ар екъузри
МафIэр и гум къыщолыд.
***
Абы хэту гуащэ Iэлыр
Лацэ цIыкIум къыкIэлъоджэ,
Махъэшокъуэм бзэгу хуихьащи,
Абы и пащхьэм нырелъафэ.
Къашыргъэпэу пщы гъур фагъуэр
Аслъэныжьу къэгубжьащ,
Къишхын хуэдэу гущIэгъуншэр
Пщащэ цIыкIум къытелъащ:
«Нэмысыншэ, уипщ имыщIэу
ЩIасэ пщIыну хуит зыпщIаи,
Укъэмыхъуу сэхъуа ухъуу,
Унафэншэу уежьэжаи.
ИкI си пащхьэм! Жьагъэ папщIэу
Аслъэнокъуэм сэ уестащ,
Кърым уихьу ущищэну
Уи унафэр сэ сухащ».
Лацэ цIыкIур асыхьэтым
Хуабэ пщIащэу зэфIэлIащ,
Щыгъэ плъыфэу дзэ хужь цIыкIухэр
ЗимыщIэжу зэрышхащ.
Пщы ябгэжьыр дэпу плъащи
Къамбот лъыхъуэу къыщIожыж,
Жэзым хуэдэу щIопщ тхьэмпэншэр
Игъэдалъэу зешхыхьыж.
Гуахъуэ иIыгъыу бо блын къуагъым
Къуэт Къамботым ныхущIопхъуэ,
Ар Хьэсаншым илъэгъуащи,
Дохъутей фIыцIэр тырепхъуэт,
«Щыгъэт!» — жери фоч жыIэщIэр
Махъэшокъуэм ныхуегъэпс.
Абы хэту, аслъэн щIыкIэу,
Къамбот пщышхуэм къыжьэхоплъэ,
Ибг илъ Iэщэм щIопщыр дэкIуэу
Абы псори ныIэщIохьэ:
«КъохъулIакъым уи мурадыр!»-
ЖиIэу Къамбот еуэн зещIыр.
«ПыкI удыным!» — Хьэсанш жери
ЩIалэр зэуэ егъэувыIэ.
Асыхьэтым хьэщIэ гупыр
Фочхэм еIэу къыщIэжащ,
Къамбот занщIэу хьэщIэш гуэрым
ЯфIэсшэсри ежьэжащ.
Ауэ Хьэсэнш зыдэщытым
ЛъэбакъутIкIэ яхуикIакъым,
КъекIуэфыну зы лIы закъуи
ПщIантIэм дэтхэм къахэкIакъым.
ЛIыжь гъур кIыхьу, пыIэ шопсу
Уэрэдусыр мэгузавэ:
«Щывгъэт, маржэ, зиусхьэнхэ», —
ЖиIэу пщыхэм йобзэрабзэ.-
Сыт и лажьэ Хьэсэнш нобэ?
Iэжьэгъу хъуамэ, лей ищIакъым,
КъимыгъапкIэу къищта фочыр
Пщым гу IейкIи хуишиякъым.
Ар еуэну хуеигъамэ,
Лъы ищIэнкIэ хулъэкIынт,
Мэз унапIэм есагъэххэт —
Щагъдий шууэ хыхьэжынт.
Ауэ, псэкIэ ар къыпкъуэтти,
Лъы икIыгъэ уигъэщIакъым;
ТэтэртупкIэ сынолъэIур,
КъызэдаIуэ, ягъэ кIынкъым».
Махъэшокъуэр зэгуэпами,
ЗимыхъунщIэу сабыращ,
ЛIыжьми щIагъуэу хуемыплъэкIыу,
ХьэщIэщ кIыхьым щIыхьэжащ.
Зэгуоудыр ар, мэпапщэ,
Щэху зищIауэ щIым йоплъых,
Хэгъэрейхэм, щхьэгъэрытхэм
Пшагъуэу и нэр хузэIуех.
И псэм ещIар Хьэсэнш сымэ
Я мурадыр зэрымыфIыр,
Лацэр итми, мисс а Iуэхум
МафIэ гуэрыр зэрыхэлъыр
Дауи ирехъуи, шынащ жаIэу
Ар щIыбагъкIэ екIуэжынкъым,
Жан и тыгъэр зэпиуду
И щыкъу щауэм егуэуэнкъым.
Ар дзыхауэ уимыгъащIэу,
ХьэщIэ гупхэм захуегъазэ,
Бжьакъуэжьейхэм из ящIыну
Хэгъэрейхэм яжыреIэ.
Къулъшыкъуэжьейхэм из ящIыну
Хэгъэрейхэм яжыреIэ.
Къулъшыкъушхуэм и зэману
ХьэщIэщ кIыхьыр мэушыж,
Я пщы хьэщIэр ежьэжынущ –
Шэсыжыбжьэр здаIэтыж.
Шык1эпшынэр, фIэмыIуэхуу,
ЛIыжьым жьантIэм къыщегъэIу,
ПыIэ шопсыр къырекъух:
«Сыту пIэрэ Махъэшокъуэм
Къамбот сымэ хуимурадыр, —
Дыгъэ-щыгъэу пщащэ цIыкIум
Iуэху пэщылъым ар зэреплъыр?
Ягъэ кIынкъым, куэдыр гуащIэщ,
ЛIыгъэщ Къамбот илэжьар,
Ныбжьэгъугъэщ сэ Хьэсанши
Нобэ ищIэу дэслъэгъуэр.
Лацэр нобэ яIэщIихмэ,
А Къамботыр, щIалэ бланэт,
Хьэсанш абы дэIэпыкъумэ,
Л1ыхъужь нэсу къэслъытэнут.
КъиутIыпщынкъым ди псыр благъуэм,
Джатэр и пщэм тедмыгъахуэу,
Дэ ди быни дыхуитынкъым,
Джатэ Iэпщэр дымыкъузу».
И напщIитIыр зэхэуауэ
Л1ыжь усакIуэр щIым йоплъых,
Зиущэхуауэ, сабыр дыдэу
И гур пщыхэм хузэрошх.
Мэгупсысэр, мэгупсысэр –
И щхьэр щIылъэм егухащ,
Пщым я хасэр щыгъупщауэ
Щхьэхуэщ лIыжьыр, Iуэху хэхуэщ.
***
Шы фIэдзапIэм, мисс а махуэм,
Шы псэхуахэр къыпахыж,
Зэхэзежэщ пщылIхэр нобэ:
Пщы хьэщIэжьыр дагъэкIыж
Пщащэ цIыкIур, Iэщ щэн хуэдэ,
Аслъэнокъуэм хуаузэдэщ,
ШыплIэ щхьэнтэм ар пагъаплъэу
Гуэнэщ кIыфIым щIаубыдащ.
Къамбот нобэ щым и пщIантIэр
ГъащIэу иIэм къибгынэщ,
Лацэ иIыгъыу пэтIысащ.
Iэщэ иIыгъыу пэтIысащ.
А хъыбарыр пщащэ цIыкIум
Зэхихащи мэгузавэ,
Мэз куум хэсу къежьэ щIалэм
Бийхэм щхьэкIэ и гур хуощтэ.
Къамбот нобэ къатекIуэфмэ,
Дунейр Лацэм къыхуэнат,
ФIыуэ илъагъум а мэз щхъуэнтIэм
Щепсэлъэжмэ, ехъулIат.
***
КъопыхьыкIыр пщащэ цIыкIур,
БампIэр и гум тегъуэлъхьащ,
КъыщIагъэхьэу и анэжь закъуэм
Iуагъэплъэнуи щIэлъэIуащ.
Сыту гуауэт: Лацэ дахэр
Хьэпшып щIыкIэу зэIэпэх,
ФIыуэ илъагъухэм Iумыплъэжу
А тхьэмыщкIэр нобэ дах.
А хей цIыкIур и мыщIыпIэм
Хьэпшыр лейуэ щыхыф1адзэ,
Дзы имыIэу и анэжь закъуэр
Пщым и пащхьэм къыщопыхьэ.
Хъыданыжьу IэлъэщI гъуэбжэр
Телъэфауэ щхьэщэ ещIыр.
ГущIэгъу макъкIэ абы и лъапэм
Ба хуащIыну ар щIолъэIур:
«Зиусхьэну сэ си дотэ,
Сыт уи жагъуэу сэ злэжьар?
Жьагъэ щIыкIэу хъыджэбз цIык1ур
Сибгъу щIэпчыныр уигу щIидар?
Адрейхэм дакъыгуэкIыу
Дэ хьэлэлу дылэжьаи,
Жьыри псыри зыхэдмыщIэу
Дэ уи пщIантэм дыдэтаи.
Хъыджэбз цIыкIур птыуэ щытми,
Зэ и нэгум сигъэплъэж,
Къунажыну и тхьэмыщкIэм
Анэ IэплIэ хуэзгъэщIыж!»
ЖиIэу щыту, Аслъэнокъуэм
Шыгъуэ фэкъур къырехулIэ
Щхьэхуимыту Лацэ цIыкIур
ЗэфIэщахэу шыплIэм далъхэ
И гъуситIым я кум дэту
Аслъэнокъуэр ныдокIыж,
Жыгей мэзым и шу лъагъуэм
Техьэжыным хуеунэтIыж.
Лацэм и анэр кIэлъыгъуэгыу
И щхьэц хужьыр къыречыж,
ПщIантIэ куэбжэм щыIубауэ
ЩIыр къыритхъыу зефыщIыж.
«Хьэрылъху!» — жери Махъэшокъуэр
Фызым гуауэу жьэхокIие,
А тхьэмыщкIэм и гумм щыщIэм
ПщIэ хуищIынуи игу къимыхьэ.
ЩIым щылъ анэр лIыжь усакIуэм,
ЩIэхыу жэри, къиIэтащ,
Уэнжакъыншэу и унэжьым
ЗимыщIэжу щIихьэжащ.
Псыдзэ гуащIэр щIэлъэдауэ,
ПщIантIэр ину пIейтеящ,
Пшэрыхь тыгъэм псэр хуитыну
Хьэсанш нобэ хуэуващ:
«ПIам сыгъуэлъу – сибгъу илъ сэшхуэр
Улъияуэ – зызгъэлIэнкъым,
Къунажыну си ныбжьэгъум
Мо и псэгъур згъэкIуэдынкъым», —
ЖиIэу абы дохъутей фIыцIэр
Тырипхъуэтри къежьэжащ,
ЩтэIэщтаблэу щыта пщылIхэм
Ягухэм мафIэр щылыдащ.
Абы хэту лIыжь усакIуэм
«Маржа» пшынэр зэщIищIащ,
Пщы удыныр тырадзыным
ЛIыгъэ усэр хуигъэпсащ:
«Пажым джатэ имыIыгъми,
Гъэр зы махуи яхуэщIынкъым,
ПцIыр къебэкIыу жьажьэу щытми,
Ар и бийми хуэубыдынкъым.
Сэ сырелIэ Хьэсанш щIыгъуу, —
Мыкъэрабгъэр дэ ди гъусэщ –
ТекIуэныгъэр дымыубыдми,
Ди лэжьыгъэр тхыдэ лъапIэщ.
Ахэр пщыуэ къигъэщIакъым,
Дэри пщIантIэр тхухахакъым,
Зы пщы гуэри и къапхъэныр
Мыкъуэтэну идзыфакъым.
ЛIыгъэ зиIэр Лъэпщ и къанщи,
Iэщэр абы къыритынщ.
УнэIутми псатхьэ яIэщ –
Аушыджэрыр хуэгъуэзэнщ.
Фщымыгъупщэу фигу ивгъэлъхэ:
Зэкъуэт цIыхухэрщ къару зиIэр,
ЛIыгъэм Iэщэ игъуэтынущ,
Гъэгъун хуейкъым лей къытлъысхэр.
Ди пхъу цIыкIухэр, жьагъэ хуэдэ,
Тыгъэ зыщIым фебгъэрыкIуэ!…
Ягъэ кIынкъым, дунейр цIыкIукъым,
Тедгъуэтэнущ дэ пщы захуэ!
Сэ сыхуейкъым пщы схуэхъунум.
Сылъыхъуэнущ пщы схуэхъунум.
Сэри хьэщIэ зыхуэсщIынущ
Жылэм пэжкIэ ябгъэдэтым!
Фымышынэ, зым т1у и дзэщ;
Дзы хуащIынкъым цIыхум хуэлIэм,
Сэ си ужьыр гъуэгу зыфIэщIыр
Махъэшокъуэм еплъыжынкъым».
Асыхьэтым Iэщэр къырихащ,
Пщыри фагъуэу зыдэпщытым
Абы мыхэр жыриIащ:
«Псалъэ сотыр ТэтэртупкIэ:
Сэ Къамботыр къэзгъуэтынщ,
Е мэз кIыфIыр си унапIэу
ГъащIэу сиIэм сыщIэсынщ.
Лацэ нобэ пщым еттами,
Ар ди лIыгъэм къырехьыж,
Къунажыну зэплъа пщащэр
ФIыуэ илъагъум IурещIэж!»
Асыхьэтым зы макъ ину
«Маржа!» — жари, бэр хъеящ,
Бжыхьхэм бжэгъухэр къыхауду,
Джыдэ, фIанэ зэхуадзыжхэу,
Куэбжи набжи цIыху губжьахэм
Ираудыр къамыгъанэу.
Я усакIуэр къимыкIуэту
«Маржа»! – жиIэу бэм яхэтщ;
«Фыкъэмыщтэ, лIыфIхэ, феуэ!» —
Хьэсанш гуоуэ япэ итщ.
***
Тэлэй нэужьым пщылI Iэщэншэр
Кыщбэч губгъуэм къиужьгъащ,
Пщы гъур Iэлым и шуIэджи
Шагъдий жэрхэм епсыхащ.
Махуар икIэм нэсыпауэ
Ди Хьэсаншыр къауIащ,
Ерыжыбу щIэгъэщхъуами,
Гын илъыжкъым, нэщI ищIащ.
Сыт ящIэнут пщылI Iэщэншэм?
Мэз унапIэм ныхуагъазэ,
«Зэман диIэщ, фымышынэ!» —
ЛIыжь усакIуэр мэдэхащIэ.
Зэгуэпауэ, папщэу, щатау
Махъэшокъуэм зишхыхьыжырт,
Хьэсанш закъуэ IэщIыхьамэ,
Дунейр ейуэ фIэщIыжынт.
«Уи усакIуэм дыпумыщIу
Ущытати, уигъэпцIакъэ,
Ар цIыхуфIкъым, ныбжетIамэ,
Къытхуумыдэу ущытакъэ!
Уэ усакIуэм уемыдаIуэу
Щытыгъамэ, Iуэхур хъуат;
Хьэсанш бзаджэр IудбгъэпIатэм,
Бунт къэмыхъуу къегиижу,
Ар и пщIантэм дыхьэжащ,
Iэбжи набжи имыIэжу,
Жани хэлъу IущIэжащ.
Источник: https://shogencukovali.ru/ |