Шогенцуков Али - Нанэ
Уэ пщIэрэ уи щIалэ цIыкIур
Хы Iуфэм щепэзэзэхыу?
ЩIыпIэ хамэм анэ-адэншэу
Къуршыжьхэм ар къыхуэбанэу?
ЩыIэкъым мыбы зы махуи
Iуащхьэмахуэ сигъэлъагъуфу,
ЩыIэкъым мыбы зы ани,
Нанэ, уэщхьу Iэ къыздилъэфу.
Щыхьэрщ… и лъабжьэр тенджызу,
Гызыжу кхъухьхэр къепщылIэу,
Хьэпшыпхэр плIэкIэ кърахыу,
Ферс фIейкIэ напэр щалъэщIу.
Си нанэ, а хьэлъэзехьэхэрщ
НобэкIэ къызэдэхащIэр,
«Зеиншэщ мы хъарып цIыкIур», —
ЖаIэурэ Iэ къыздэзылъэр.
Апхуэдэхэм я Iэгухэр пхъашэми,
Си щхьэфэм щабэ къохъуэкIыр,
Анэбгъэм си Iэр пэжыжьэми,
Гужьеигъуэм абы сыхашыр.
Нанэ, фIыти сыкъыумылъхуамэ,
Бэлыхьхэми ухэзмыдзамэ,
Зедзэну уи щIалэ цIыкIур
Къэмыхъуу е лIэжыгъамэ.
Сыт къуаншагъэу, Тхьэ, уэзлэжьауэ
Дунейм пцIанэу сыщIытебдзар?
Дзы имыIэу нанэ тхьэмыщкIэми
Нэпс щIигъэжу къыщIэбгъэнар?
Ара уэ узэрызахуэр, —
Сабий гъыбзэр зэхыумыщIыкIыу,
ПхъэнкIийхэм ар щыхэжаекIэ
Ныбэизхэр щыбгъэдыхьэшхыу?
Умыдзыхэ, си нанэ дыщэ,
ЛIы ищIынщ уи къуэр IэштIымым,
Зэман кIэщIкIэ ар нэкIуэжынщи
Щыплъэжынщ Бахъсэн аузым.
1917г
Источник: https://shogencukovali.ru/ |