(128 kbps)
Кавказ щхьэщыгум и акъужь мащIэм Пшэр егъэкIуасэ гущэ уэуи Си
пщIыхь нэIуасэу гур зыгъэкIуасэр Си тхьэIухудыр аращ. Тхьэрыкъуэ
пщэхуу зэпсэгъу цIыкIуитIым ЗызыхуагъафIэ гущэ уэуи. ГущIэ
щызгъафIэу си псэм фIэIэфIыр Си тхьэIухудыр аращ.
Ежьу:
Ар
си дахэщ еу-уэ-ра-да ар си нэ си псэщ еу-уэ-ра-да Си лъэгъуныгъэри
еу-уэ-ра-да, си къэшэныр аращ Ар си дахэщ еу-уэ-ра-да адыгэ пщащэщ
еу-уэ-ра-да Сызыгъэусэри еу-уэ-ра-да, си къэшэныр аращ.
Нэхущ
бзу цIыкIухэр махуэщIэ къакIуэм ЕкIуурэ хуобзэрабзэ уэуи Пшынэм и
Iэпэр зыхуэбзэрабзэр Си лъагъуныгъэр аращ. Дыгъэр я плъапIэу
сэхуран гъагъэм Хуэмурэ зыдагъазэр уэуи Нанэ и плъапIэу си гум
щызгъафIэр Си тхьэIухудыр аращ.
|