Адыгский фольклор - Светлана Кушхова - Шэ1идэт и гъыбзэ (ШоджэнцIыкIу Алий и гъыбзэ)

Шэ1идэт и гъыбзэ (Песня плач супруги Шаидэт) 

Посвящается известному кабардинскому поэту и писателю Шогенцукову Али
 
 
Уафэ нэзхэмэ пшэплъу къытехьэм, уэу, си Алий,
Уи хъыбарыр си лъэlут къахьыну.
Къару лъэщу жьыбгъэм зэрихьэм, уэу, си Алий,
Уей, сеубзэрти укъашэжыну.

Дыгъэ гуащlэмэ нуру къиlэтым, уэу, си Алий,
Сеубзэрабзэти гъуэгу нэху къуитыну.
Мазэ-вагъуэу щlылъэр зыхъумэм, уэу, си Алий,
Щхьэщэ хуэсщlырти усхуахъумэну.

Бынхэр хуэсшэурэ сызыхуэгъ сыным, уэу, си Алий,
Ар хьэдэншэ-къупщхьэншэ кхъащхьэми,
Къанжал бгыщхьэмрэ тхыгъэ-усыгъэмрэ, уэу, си Алий,
Бампlэдэхыурэ фэеплъ нэхъыщхьэти.

Уи усыгъэурэ шыкlэпшынэбзэр, уэу, си Алий,
Хъуащ уахътыншэ. Пшынэ макъ бзафlэти
Хэку и щlэблэм уи бзэкъу япхъуатэурэ, уэу, си Алий,
Уи усыгъэр ягъэlу фlэрафlэурэ.

avatar
Всего комментариев: 1
avatar
3 Adyga • 13:22, 07.05.2011
Otli4naya pesnya