Вернуться на главную

Адыгэбзэм и псалъэжьхэр

Адакъэрэ пэт джэджьеир егъашхэ.
Аргъуеир пхъэIэщэм щIэщIа вы бжьакъуэм тести «довэ» жиIащ.
Бжэныбэ бгъэхъу нэхърэ мэлыбэ бгъэхъу.
Бжьэ зэмыдзэкъам фом и уасэр ищIэркъым.
Бжьэ зезыхуэр хум елэжьым и Iыхьэгъущ.
Бжьэ зыдэсым фо дещIэ.
Бзурэ пэт жьэкIэ хьэмбылу и шырхэм къахуехь.
Бзурэ пэт абгъуэ ещI.
Вы зимыIэм шкIэ щIещIэ.
Вым еубзэ, шым езауэ.
Выр жьы хъумэ, шкIэм хаутIыпщхьэж.
Выр мавэ, шыр машхэ.
ВыфIым уеуэмэ мэувыIэ.
Гъэ къэскIэ вы къуэлэнищэкIэ вэ.
Джэд пэтрэ мэулъэпхъащэ.
Джэджей пасэр IэщIокIри, джэджей пасэр бгъэм ехь.
Джэдым джэдыкIэр и гуащIэщ.
Джэдыр фызым и Iэ лъэныкъуэщ.
Дзыгъуэ пэтрэ щIымахуэм хуогъэтIылъэ.
Дзыгъуибгъу зэдеIэмэ, кхъуей кIадащхьэр трач.
Жэм къэщэхуи, вы щэхун хэкIыж
Жэм уимыIэмэ, вы къэш.
Жэмым и гъэшыр и бзэгум телъщ.
Жэмым и уасэр и фэр аракъым - и шэр аращ.
Жэмым ишх и гъэшщ.
Зы гъэм шкIэщ, етIуанэм жэмщ.
И гуащIэх хьэпIацIэхэм яхуехъумэ.
ЛэжьэнкIэ уашхэщ, щхэнкIэ дыгъужьщ.
Мэлым иц и уасэщ.
Мэлым и цыр мэкъумылэм хэлъщ.
Мэлыхъуэр куэдмэ, мэлхэр псэхэлIэ мэхъу.
УнэгуащэфI джэдкъаз и бэщ.
Хыв бгъэхъунумэ, хыв гууэ къэщэху.
ХъумпIэцIэджрэ пэт сыпсэуащэрэт жеIэ.
ЩакIуэр зэIубзмэ, бажэбз къехь.
Гъэшым Iэ щабэкIэ уеIэбын хуейщ.
Iэщыр зезыхьэм ейщ.
Iэщыр куэдрэ умылъэщIми, IускIэ зегъэгъэнщI.
Бадзэрэ вырэ зэпокъу.
Бжэн щIакъуэ тегушхуэгъуафIэщ.
Бзум худрапхъей и унэ щIэлъкъым.
Бжэным цыкIэ елъэIуа хуэдэщ.
Вырэ цIэрэ зэпокъу.
Дыгъужьрэ уэркъыжьрэ.
Зи гуэн изым и дзыгъуэ лъынэ къокI.
Зы выр шхэмэ, зы выр мэгурым.
Къуалэр лы щигъуэтым щохуарзэ, уэркъыжьыр былым щигъуэтым щожых.
ТхьэмыщкIэм хьэндыркъуакъуэр щэ кIэлъопкIэ.
Бзур и абгъуэ щытепщэщ.
Бланэ щалъху мэкIуэж.
Дыгъужьыр бгъашхэ пэтми мэзымкIэ маплъэ.
Дзыгъуэ пэтрэ и гъуэ щылIыхъужьщ.
Хэкужь джэду гъуащэркъым.
Хэкужьыхьэ лъэщщ.
Адакъэр мыIуэкIи нэху щын къанэркъым.
Аргъуейм и лъэм хуэдэщ илэжьри.
Аргъуейр цIыкIу дыдэщ – аслъэным илъ йофэ.
Аслъэн пэтрэ ягъасэ.
Аслъэн – къаплъэн пэтрэ хъумпIэцIэджым щощынэ.
Аслъэныр жьы хъумэ, хьэIуцыдзыр щодэхьэшх. Бдзэжьей цIыкIу псышхуэ итхьэлэрэ.
Бжэн щынэ къилъхуркъым.
Бзур зыIэтыр дамэщ, цIыхур зыIэтыр акъылщ.
Блэр бэгмэ, и гъуэ ихуэжыркъым.
Вындым и шыр ишхыжынумэ, сабэм хекухь.
Выр лъэщ дыдэщ - къаубыдри щIащIэ.
Гъаблэм благъуэр гъуэм къреш.
Гъэмахуэм блэр зэуар, щIымахуэм аркъэным щощтэ.
Джэд нэхърэ джэдыкIэ нэхъ Iущщ.
Джэд щыкъун и пщIыхьэгъущ.
Джэду здэщымыIэм, дзыгъуэр щоятэ.
Джэду и къуэ дзыгъуащэщ.
Джэдум нэхъ лъэщ щымыIэу дзыгъуэхэм я гугъэщ.
Джэдум и шырыр ишхыжын хъумэ, дзыгъуэм ешх жеIэ.
Джэдум щигуфIэгъуэм, дзыгъуэм и гуIэгъуэщ.
Джэдум хьэр щишхи къохъу.
Хэр яукIыну мурад хуащIамэ, хьэщхьэрыIуэ хъуауэ ягъэIу.
ЦIывыр уи пашэм вэнвейм ухешэ.
ЦIыхугъэ зиIэ и хьэ сыкъишх.
Шыр лъакъуиплI пэтрэ мэлъэпэрапэ.
Шыр шыдым игъусэмэ, шыд хьэл зыхелъхьэ.
Бажэм и кIэр пIыгъу тепыхьэ.
Бажэм сишх нэхърэ, дыгъужьым срешх.
Бэдж пэтрэ Iэужь трах.
Блэр зыгъэхуэбэжым йодзэкъэж.
Блэр мэжей жыпIэу и кIэм утемыувэ.
Блэр пIыщIащ жыпIэу уи гуфIакIэ домыгъэтIысхьэ.
Гъусэ бзаджэ пщIыгъуу мыщэм уемыбэн.
Дыгъужь мэлыхъуэ ящIрэ.
Дыгъужь кIапэ шхын щигъэтыжа уфIэщIрэ.
Дыгъужьырэ пэт и гъунэгъу едыгъуэжкъым.
Дыгъужьым деж хьэщIапIэ укIуэмэ, хьэр зыщомыгъэгъупщэ.
Джэд пасэрэ бын пасэрэ.
Джэджей зеуалэ псывэ хоупIэ.
Джэду щысу шыпсэ умыIуатэ.
Жэмрэ вырэ зэхотэдж.
Зи пIалъэ умыщIэ щIыкIэ утыку уимыхьэ.
Къаз упэмыкIэцI, джэд цIыкIу.
Мыщэ жея къомыгъэуш, лIы мышынэ къомыгъэгубжь.
Мыщэ уIа удэмыджэгу.
Си хьэ дзакъэркъым, сиш уэркъым жомыIэ.
Уи шым ижынур пщIэжын хуейщ.
УпщIалэ и былым кIуэдыркъым.
ХъумпIэцIэджыр бзум зыпищIыжу лъатэри къуанщIэхэм яшхащ.
Хъушэм къакIэрыхуа мэлыр дыгъужьым пэщIохуэ.
Хьэ закъуэрэ, лIы закъуэрэ уатемыгушхуэ.
Хьэ пэтрэ дахэ ищIасэщ.
Хьэ хей умыукI, фыз хей йумыгъэкIыж.
Хьэ джафэ банэркъым, лъхукъуэщо хъуанэркъым.
Хьэм и кIэм утеувэмэ къодзакъэр.
ХьэфI дэплъейр хьэфI мэхъури, шыфI дэплейр шыфI мэхъур.
ЦIыхур лIэмэ и цIэр къонэри, выр лIэмэ фэр къонэ.
Шыдыр удафэмэ тэло мэхъу.
Шым епсыхыу шыдым шэскъым.
Шым еуи дыхьэ, елъэдэкъауи къыдэкIыж.
Шым еуэмэ масэри, вым еуэмэ мэсэхъу.
Шыр птымэ, шхуэри дэщIыгъу.
Шыр увыIамэ уемыуэ.
ЩIалэу фыз къегъашэ, пасэу джэд кърегъэш.
ЯгъафIэрей джэдур щхьэнтэ тесу къонэж.
Iэщым псэ Iутщ.
Iэщым уедэхащIэмэ фIэфIщ.
Адакъэлъэджажэ нэхъей.
Ажэ цIыкIу бжьакъуэшхуэ.
Бадзэ къытелъэмэ и шхулъэ йопкI.
Бадзэ тIыса игъэтэджыркъым.
Бдзэжьейр есынкIэ егъасэ.
Бжьо хуэдэщ.
Бзур IукIэ къеубыд.
Благъуэр гъуэм къреху.
Дыгъужьыдзэ Iутщ, бажэкIэ пытщ.
Дыгъужьым мэл зыфIихьынур и пыIэ щыгумкIэ къещIэ.
Джэгугъуэм лIыхъужьщ, зэуэгъуэм жьындущ.
Джэду жьэгъуху зещI.
Елэныхъум хуэдэщ.
Джэду хьэху къыуитынкъым.
Жылэм емыщхьым шыдыщхьэ фIэтщ.
Жылэм емыщхьым бабыщыщхьэ къыфIокIэ.
И цIэ выщ, ив матэщ.
Къаз псы кIэрыпщIэрэ.
КъуанщIэр вэнвейм тесми зегъафIэ.
Лъыхъуалэ и былым кIуэдыркъым.
МацIэ дия хуэдэ.
ТхьэкIумэкIыхьыфэр и хьэлъэщ.
Хьэ гъуэгурыкIуэ блигъэкIыркъым.
Хьэр и пащIэщ, кхъуэр и пащIэщ.
Хьэри бгъэри кIэрищIауэ.
ШкIащIэм ягъэдела выжь хуэдэ.
Шхэгъуэм дыгъужьщ, лэжьэгъуэм жьындущ.
Шыдым хуэдэу ерыщщ.
ШыщIэ къалъхуам уанэ хузэщIелъхьэ.
Щхьэхуэмыгъуэ джэд мыгъэлыгъуэ ешх.
Джэд хуэдэ быныфIэщ.
Джэдумрэ фызымрэ унэгуащэщи, хьэмрэ лIымрэ ныбгъуащэщ.
Жэм лIакъуэ шкIэ иукIрэ.
Къуаргърэ пэт и шырым «хужьцIыкIукI» йоджэ.
Малъхъэрэ шыдрэ.
Уи ныбэ къикIыр уи быным, уи лъэуей къелъэр уи джэдщ.
Унэным яхьэ удз ехъури, унэхъунум я нысэ мэдыгъуэ.
Хьэ пэтрэ и шырыр дзапэкIэ зэрехьэ.
Хьэндыркъуакъуэр зи анэми, си анэр гуащэщ жеIэ.
Я выр уэдрэ я хьэр пшэрмэ унагъуэщ.
Ямылъэгъуа бланэ къаукIкъым, ирамыгъэкIыжыну фыз дзы фIащкъым.
АдакъэщIэрэ хущIэ пIастэрэ.
Ажэр мэлым я пашэщ.
Алащэм уеуэмэ мэлъэхъу, мылъэхъухэр щыдщ.
Алъпым дыгъужь хуэлъэщ.
Аргъуей мыдзакъэ щыIэкъым.
Аргъуейми и куэпкъ щыхахым, зыхэпхми еплъ, хэпхми еплъ жиIащ.
Аслъэным мэзыр ехъумэ, езыми мэзыр ехъумэ.
Бабыщ псым итхьэлэкъым. Мэлыхъуэ хьэм ишхкъым.
Бадзэ и дзапэ узылъэщ.
Бажэм дыгъужьибл къегъапцIэ.
Бажэм и фэр и бийщ.
Бажэм и хьлагъыр япэ итщ.
Бажэм я нэхъ Iущыр и гъуэм щаубыд.
Бажэр зытраукIэр и фэщ.
Бажэр ныбажэ хъумэ, дыгъэмыхъуэ мэлъыхъуэ.
Бдзэжьейр псы закъуэкIэ ирикъутэмэ бжьэкъунтх фIэхуэнтэкъым.
Бжэн идзэ Iухурэ.
Бжэн къуийр бжьакъуэ лъыхъуэ ежьэри и тхьэкIумэ хилъхьащ.
Бжэнми жьакIэ тетщ.
Бжэн и кIапэр и кIуэцIым илъщ.
Бжэныр ефэри дыгъужьым езэуэну кIуащ.
Бжьэ матэ зи куэдым и жьантIэ дегъэувэ.
Бжьэм фо здэщыIэр ещIэ.
Бжьэр уэмэ мэлIэж.
Бзу лъакъуэ къупщхьэ хахкъым.
Бзум ямыфэгъум си мэш ешх.
Бланэр жэр щхьэкIэ, зэраукIыр щыщ.
Блэ зэур аркъэным щощтэ.
Блэр зытраукIэр и шэрэзщ.
Блэр и щхъухь ихьыжкъым.
Блэр еуэху мэбэг.
Былымыр жьы зэрыхъур и фэщ.
Вы хъунур шкIэ щIыкIэ уощIэ.
Вы и бжьакъуэ и хьэлъэкъым.
ДыгъужьитI зы гъуэ изагъэкъым.
ДыгъужьитI я щIыб зэхуагъазэркъым.
Дыгъужьым и дзэр шымэ псафэ макIуэ.
Дыгъужьым ишхыр и фэкIэ епшыныж.
Дыгъужьым ишхари имышхари тохуэ.
Дыгъужьым мэл щихькIэ, зыфIихьым хуеплIэкIыжыркъым.
Дыгъужьыр жьы хъумэ, хьэм я джэгуалъэщ.
Дыгъужьыр зэдзакъэр и Iыхьэщ.
Дыгъужьыр щызеуалэм мэлым зыщагъэпсэхукъым.
Дыгъужьыр къепхъуэкIурэ мэл кIапэр пеуд.
Дыгъургъуур мэжэщIалIэмэ и шырыр ешхыж.
Джэд жыпIэми зы джэдыкIэщ.
Джэд лъакъуэрэ хьэ лъакъуэрэ зыубыда щыIэкъым.
Джэд мыкIэцI пшэрщ.
Джэд пшэр къэбубыдынумэ адакъэм бгъурысым епхъуэ.
Джэдур гъунэгъурыпщщ.
Джэдум и щхьэр зэрыкIым и пкъыри йокI.
Джэдур лым лъэмыIэсым мэ щоу жеIэр.
ДжэдыкIэ къэзыдыгъум джэди идыгъунщ.
ДжэдылIэм здахьа бабыщщ.
Джэдыр щыкъакъэм щокIэцI.
Дзыгъуэ нэпсейр шэм етхьэлэ.
Дзыгъуэнэфрэ пэт къуалэбзум хабжэ.
Дзыгъуэр гъуэм имыхуэмэ, фалъыркъэб зыкIэрещIэ.
Жэм гъэщыджэ буурейщ.
Жьындури гугъат тхьэрыкъуэ къришыну.
ЗэгъунэгъуитI я мэл бжыкIэ зыкъым.
Зи былым кIуэдам гуэныхьищэ къехь.
Кхъуэм и кIэр пиупщIри мэзым щIыутIыпщхьэжащ.
Кхъуэныжь уэлбанэ хэлъхуэщ.
Къанжэр и бзэ токIуадэ.
Къру мывэ жьэдэлъу нэху егъэщ.
ЛIым шы имыIэмэ бгъэм дамэ темыт хуэдэщ.
Мэз джэдур и пащIэкIэ яцIыху.
Мэл зыхэвэ нэхърэ бжэн зыхэпкIэ.
Мэлым и кIапэр щыдэуейм бжэныр дыхьэшхащ.
Мыщэм ишхар дыгъужьым трелхьэ.
Мыщэм лыр имыгъэфу ишхкъым.
Мыщэм игу къыщихьэм щотIыс.
Псы мыгъавэ бдзэжьей хэсщ.
Псыджэд псы итхьэлэркъым, мэлыхъухьэр дыгъужьым ихькъым.
Псым итхьэлэм блэм зрешэкI.
Псым къыхадза бдзэжьейуэ ныджэм къытенащ.
ТхьэкIумэкIыхьыр зэрыщысам хуэдэурэ мажэ.
Уи хьэ фIэпщ ицIэщ.
Хэди бжэныр къыхэх, мэлыр къыхэпхми уэстынукъым.
Хэтхэ я унэ къанжэ тес?
Хьэ бзаджэ тIысыпIэншэ.
Хьэ здэщымыIэм бажэ шобанэ.
Хьэ мыукIытэ къупщхьэ йогъу.
Хьэм дыгъужь имылъагъуху щIакъуэщ.
Хьэм ебгъэшх текIуадэркъым.
Хьэм и бзэгу хущхъуэщи, джэдум и бзэгу щхъухь.
Хьэм и губжь кхъуэм щIхьэ.
Хьэм и гъэрищ, шым и гъэрибл, лIым и гъэ щэщI.
Хьэм ишхри имышхри тохуэ.
Хьэм къупщхьэкIэ уеуэмэ гъыркъым.
ХьэмаскIэр хьэ зэщIэгъавэщ.
Хьэр банэурэ мэлIэж.
Хьэр делэ хъумэ зейм йодзэкъэж.
Хьэр зыпIынуми ехь, зымыпIынуми ехь.
Хьэр и бзэгукIэ зоIэзэж.
Хьэр мэжэщIалIэмэ, дыгъужь къугъкIэ ещI.
Хьэр хьэлывэм щогуыгъ, делэр гуыгъэурэ мэлIэж.
Шы зимыIэм уанэ къещэху.
Шы зыгъуэт нэху тещхьэркъым.
Шы сакъ хьэ къедзакъэркъым.
Шыдрэ пэт илъэсым зэ мэфтрей.
Шылъэгур зэбгъэдзэкIми, букIми и зэхуэдэщ.
ШыфIрэ выфIрэ псыбафэкъым.
Щыкъу нэщIым хьэри джэдури йонэцI.
Ей марджэ! Зихия Хьэгъундыкъуей
Hosted by uCoz